Читать книгу Хынабдзэ - Группа авторов - Страница 3
Iыхьэ II
Оглавление«Iей мыхъу фIы хъужыркъым» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Мыщэ и щхьэм кърикIуа псори щыгъупщэжа фIэкIа умыщIэну, и щхьэр лъагэу илъагъужащ иджыпсту. И жьыщхьэ иIуэтэжауэ къелъытэ. Йожьэри, нобэ япэ дыдэу мы пщIантIэм къыдыхьам хуэдэу плIэнэпи, щIыхьэпIи къимыгъанэу зэпеплъыхь. Елъагъу, псэ зыIутхэм я закъуэкъым жьы хъур. Зэманым и нэпкъыжьэ якIэрыболъагъуэ пщIанIэм дэт, дэлъ псоми. Абыхэм якIэлъыIэбэн пщIантIэм дэсауэ щытамэ зэи къыкъуэмыкIыжыну зи дыгъэр къухьэж гъащIэм и фэ Нэхунэ и пщIантIэм къытеуэнтэкъым. Гуэщыщхьэм телъ бгъэныр Цу и лъэгум и щыпаупщIу къашэу щытрабгъауэ щытар Мыщэ и нэгум къыщIоувэж. Иджыпстууи къыщIихьэ хуэдэщ паупщIагъащIэ бгъэным и мэр. Гуэщым и бжьыхьэкIапэхэм бзухэм абгъуэ щащIауэ гъэмахуэ къэс щыкIэцIырт, шыр цIыкIухэр къыщрашырт, я дамэ цIыкIухэр жыуэ езыр-езырхэу лъатэф хъуху щагъашхэрт. Иджы апхуэдэ зыгуэри пщIантIэм дэплъэгъуэжыркъым. Бгъэныщхьэ ныкъуэфыр бзухэми ябгынащ. Iэпхъуащ ахэр и фIыгъуэу гъащIэр щыщIэращIэ нэгъуэщI пщIантIэ. ЩымащIэкъым апхуэдэхэр Жыг фIыцIэ къуажэм. Жьым и пIэ щIэ къихъуэн хуейщ дапщэщи. Ар гъащIэм и нэщэнэщ. Дыгъэу къатепсэр яфIэмащIэу, уэшхыу къатешхэмкIэ замыгъэнщIу къохъу жыгыщIэ цIыкIухэм пызыщэну щIэблэ цIыкIухэр.
– Тхьэ, мамэ, иджы уимызакъуэу къэплъытэ хъунум Мыщэ ящхьу, Жыг фIыцIэ къуажэм дэс унагъуэхэм къащIоувэ абы и гъащIэм къыщыкIуэжакIэ. ПщIантIэм къыдыхьэIами къуигъэщIэнущ. Дэри махуэ къэс дыкъэкIуэжыфыркъым. Ди адэр сымаджэрилэщи, зэманым и нэхъыбэр сымаджэщым щегъакIуэ. Пщыхьэщхьэ абы ишхын хуэсхьынущи, Мыщэ къызэрыкIуэжар жесIэнщи згъэгуфIэнщ. Абы и гугъу щIэх-щIэхыурэ ещI, и гуэныхь къэдмыхьауэ тхьэм къыщIигъэкI жеIэ.
– Алыхь, Маринэ, Мыщэ и гуэныхь фэ фтемылъ. Зыгуэрым абы хуэмыфащэ ирипэсамэ ар сэращи, Алыхьу тэхьэлам солъэIу къысхуигъэгъуну. Муратрэ уэрэ фызэрыцIыкIу лъандэрэ Мыщэрэ КIущэрэ факъыщхьэщыжу, сэ сатеплъэ мыхъуу зэманыр кIуащ. Иджыщ сэ къыщызгурыIуэжар а псэущхьитIыр бэлыхьу зыхэзгъэтар.
ТIэкIу зырегъэпсэху къажриIэщ къеIэзэ дохутырми, Мурид сымаджэщым къыщIашыж. И щхьэ трачу зыми зыри жимыIэф щхьэкIэ абы къеузыр яхуэмыгъэхъужым хуэдэщ. Езы Муриди ар къыгурыIуэжауэ къыщIэкIынущ, арщхьэкIэ, дэтхэнэ цIыхури апхуэдэщи, и псэр пытыху гугъэнущ. «Си Iуэхур зыхуэкIуэнур Алыхьым бгъэдэслъхьащ, абы къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ» – жеIэ. Унэм щIэкIыу баш иIыгъыу пщIантIэм къыщимыкIухьыжыф хъуащ. Нэхъыбэм хэлъщ. КъыщIыхьэIамэ къызэфIотIысхьэри Iэджэми щIоупщIэ. Къуажэм щыщу хэт яшами, хэт къишами, хэт и нысэ икIыжами щIоупщIэ. ЕкIуэкI гъащIэм пэIэщIэ зищIыну хуейкъым. Узым иубыдами, мэгугъэ псэуну. КъигъэщIамкIэ ирикъуауэ дунейм зы цIыхуи ехыжакъым. Алыхьыр къыхуэупсэу илъэс щитIкIэ псэуа лIым псэхэхыр къыщыхуэкIуэм, зэ умыпIащIэт» – жиIэри Алыхьым аргуэру елъэIуащ жи мыпхуэдэу: «КъэзгъэщIар сэ къызэрысщыхъур зы бжэмкIэ сыщIыхьэу адрей бжэмкIэ сыкъыщIэкIыжауэ аращи, иджыри тIэкIу си гъащIэм къысхупыщэ» – жиIэри.
Дэтхэнэ цIыхухэри псэухукIэ мэгугъэ. Гугъэни хуейщ. Сэ сщIэнур сщIащ жыпIэу къоуэлIа узым зепту щытмэ псынщIэ дыдэу къыппэлъэщынущ. «ГъащIэр бэнэныгъэщ» ауэ сытми жаIакъым. Мурид и адэр илъэс бгъущIрэ тхум нэблагъэкIэ псэуащ. Алыхьым къыхуигъэфэща гъащIэр иухауэ и псэм еджэу здытелъым, гузавэу щхьэщыт и бынхэм къахудэплъейри жиIащ: «Мы дуней дахэр къэзгъанэу дауэ сехыжыну». АфIэкIа жимыIэжу и нэр зэтрипIэри, къэзыгъанэ и псэм и Iэужьу, и накIэ зэрызымкIэ къыщIэткIуа нэпсыр и тхьэкIумэм нэсыху ежэхащ. Муриди мэгугъэ и адэм и ныбжьым нэсыху псэуну.
Пшапэ зэхэуэгъуэм нэблэгъауэ, имыхабзэу Мыщэ мэпщIэу. «Къэхъуар сыту пIэрэ? – мэгузавэ Жансурэт. Япэ щIыкIэ къыфIощI Мыщэ зыгуэр зыдигъуэу.
– ЩIэкIи плъэт, – жеIэ Мурид, и IэблитIыр зыщIигъакъуэурэ и щхьэр къеIэтри. – КъыдыхьэIами пщIэркъым. Муратрэ Хынабдзэри къэкIуэж хъунщ.
– Нобэ, е щэбэткъым, е тхьэмахуэкъым дауэ къызэрыкIуэжынур, – жеIэ Жансурэт. – Махуэ псом лэжьауэ сабиитIри якIэрыщIауэ абы нэс къикIыу къэкIуэжыфын ахэр.
Жансурэт щIокI бжэкъуагъым къуэт башыр къищтауэ зыщIигъакъуэурэ. Зиплъыхь щхьэкIэ зыри илъагъуркъым. Мыщэ бгъэдыхьауэ и щхьэм толъэщIыхь «Сыт къыпщыщIар, си псэр зышхын тIэсэ», – жиIэурэ. ХьэмбыIуу щыс Мыщэ и пхэр къиIэт-етIысэхыжурэ гуэщымкIэ маплъэ хэпщIэукIыурэ. Жансурэт къыхуэщIэркъым ар зыхуейр. ИтIанэ гъэщхъауэ зыщхьэщыта хьэм зыкъыщхьэщеIэтыкIыжри, Мыщэ и щхьэр здэгъэзамкIэ, Iэдакъэжьауэ ищIурэ маплъэ. «Алыхь, Мыщэ, а уздэбанэмкIэ зыри щымыIэ, – жеIэ Жапсурэт. – Iэщкъым, джэдкъазкъым зэрыжаIэу а псэуалъэ бгынэжам хэт уи гугъэрэ къэкIуэнур. Ахэри щыдиIам нэхъыфIт. Зи мыхъуми гъэш, джэдыкIэ дыщыщIэртэкъым. Иджы къалэм къытхурахым дыщыгугъыу дыкъэнащ. ЗылъэмыкIыж дэтхэнэми аращ и IэнатIэр. Алыхьым тхуигъэузыншэ Хынабдзэ. ДыщигъащIэркъым гъэшхэкI ерыскъым. Чефири, шати, кхъуейлъалъи ди щIыIэлъэм сытым дежи дэлъщ. Ауэ ууейуэ къэпщтэжым хуэдэ щыIэкъым. Чефирыр Мурид фIэфIщ, зыпищI щымыIэу иреф. Шатэращ илъагъумыхъур. «Мыр шатэкъым-шхущ, – жеIэ къалмыкъшейм хикIэну щесткIэ, – Шхум хуэдэу зэщIокI». Ар сощIэри, гъунэгъухэм я деж шатэ къыщызощэхури шейхэкIэу хузызохьэ.
Алыхь хьэблэм дэсхэми шэ е шатэ къуамыщэф. Кърагъэзэгъыркъым. Ауэ щыхъукIи бэзэрым яхьурэ ящэ.
Сынопсалъэурэ уи щхьэр згъэузауэ къыщIэкIынщ, Мыщэ. А псом уэ сыт мыгъуэ хэпщIыкIрэ. Фызыжь делэ жыхуаIэр сэ схуэдэщ. КъыбгурыIуэ хуэдэ си щхьэр къовэри сыщытщ. Аращ-тIэ, жьыгъэр фIыуэ щытамэ, абы зыпыIуадзу дунейр яхьынтэкъым. Аращ къызыдэкIуэр щхьэхуэпсалъэ хъунри.
Мыщи, Жансурэт къепсэлъэху, жиIаухъуар къыгурыIуэм хуэдэу, мамыру щысащ. ИтIанэ, аргуэру щIедзэжри, гуэщымкIэ плъэуэрэ хопщIэукI. ЗыкъеIэтри абыкIэ макIуэ. Жансурэти кIэлъокIуэ. Носри, Мыщэ гуэнэщыщхьэм дэлъеину хуожьэ, арщхьэкIэ блыным кIэрыувэ мыхъумэ зиIэтыфыркъым.
Абыи жьыгъэр къытекIуащ.
«Зэт-зэт, Мыщэ, уи пщIэуныр гъэбэяут, – жиIэурэ хьэм и щхьэм Жансурэт толъэщIыхь. А си тхьэкIумэм къиIуар джэду пщIэу макъщ. Гуэщ бгынэжар джэду хьэулей гуэрым псэупIэ ищIауэ арагъэнщ. НакIуэ, Мыщэ, нэкIуэж» – къожьэж Жансурэт. Мыщэ абы къыхуеплъыкIыурэ пщIэу мыхъумэ унэмкIэ къиунэтIыжыну и мурадкъым. И пщIэу макъым нэхъри зрегъэIэт Мыщэ, дыгъэбгъэнауэ дэнэ уздэкIуэр жыхуиIэу.
Жансурэт иIыгъ башыр зыщIигъакъуэурэ унэм носыжри кIэлындорым докIуей. «УкъэкIуэжрэ, Мыщэ» – жиIэурэ къызэплъэкIмэ, и пIэм къимыкIауэ щысщ хьэр. «КъэкIуэж, Мыщэ, ар джэду хьэулейщ» – щIохьэж Жансурэт унэм.
Абы и псалъэмакъыр зыхихауэ Мурид щIоупщIэ:
– Хэт, фызыжь, узыдэуэршэрыр?
– Алыхь, Мыщэм сызэпсалъэр. ГуэщымкIэ кIуэри хьэмбыIуу тIысауэ джэду пщIэу макъым щIэдэIуу, зэзэмызи хэпщIэукIыу щысщ. Гуэщыщхьэм дэлъеину хуежа щхьэкIэ зиIэтыфакъым. Жьы дыдэ хъуа мыгъуэщ.
– Джэду пщIэу макъ жыпIа? , – къызэфIотIысхьэ ерагъмыгъуейкIэ Мурид.
– А фызыжь делэ, ар джэду хьэулейуэ къыщIэкIынукъым! КIущэ къэкIуэжауэ арагъэнущ.
– Уи фIэщу жыпIэрэ! Алыхь абы си акъылыр хуэмыкIуа. Арауэ къыщIэкIмэ дунейнасыпу къэслъытэнт. Мыщэрэ абырэ зэгъусэу мы пщIантIэм дэсу слъагъумэ Алыхьым къысхуимыщIа щыIэкъым. А тIум ясха лейр сымылIэ щIыкIэ схуэгъэзэкIуэжмэ къысхуимыщIа фIыгъуэ щыIэкъым.
– Уэлэхьэ, фызыжь, уэ ар къохъулIэну уи гугъэми укъопцIэмэ. Уэ, езыр, хьэдрыхэ гъуэгум утетщи абыхэм я гуэныхьу къэпхьам щыщу дунейм щыпшыныжыфынур мащIэ дыдэщ. Къеймэтмахуэм здэпхьыну къыпхуэнэми урикъунщ.
– Елъ абы жиIэр! ИгъащIэм си Iупэм утесу уогъакIуэ уэ зэманыр. Сэ фIы гуэри сщIауэ къыщIэкIынщ къэзгъэщIа гъащIэм къриубыдэу.
– ПщIаIами зыхуэпщIар уи щхьэращ, ахъумэ нэгъуэщIым щхьэкIэ зы жэщи уи жей бгъэныкъуакъым. Хьэмрэ джэдумрэ я гугъу умыщIыхи ди анэ тхьэмыщкIэм псалъэ дыджу иупэсар гуэныхьу урикъунщ. Уэ Алыхьым гъэунэхуакIуэу гъусэ къыпхуищIауэ къыщIэкIынущ уи нысэ Хынабзэ. Ар къызэрытхущытым, къытхуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ упсэууэ уи нэгум щIигъэкIыну аращ. Абы дерс гуэр къыхэпхынщ жысIэнущи, уи дыгъэ къухьэгъуэр къэблэгъащ. ИтIани уэ пхуэмыдэу нэхъыжьым гукъабзэ – щхьэкъабзэкIэ бгъэдэт цIыху зэрыщыIэр упсэу щIыкIэ Алыхьым уи нэгу щIегъэкIри, нэгъуэщI мыхъуми уи лIэгъуэм зыкъэпщIэжынщ.
Апхуэдэу зэрыжысIэм щхьэкIэ уэ жыхьэнэмэкIэ сыпхуэупсэу аракъым. ЗэгъащIэ ар фIыуэ. Сыт хуэдэу щымытми, ди гъащIэр здэдгъэкIуащ, бын къытщIэуващ. Тхьэм ахэр тхуигъэузыншэ, тхьэм дыщIригъэлъхьэж.
Мурид псэлъэху Жансурэт зыри пидзыжакъым. Пэжым нэр ирещI жыхуаIэрати, щыму щысащ. ИтIани и гум къыдрихьеяр жимыIэу хуэшэчакъым.
– Алыхь, лIыжь, блэкIар къэбужьгъыжу си нэкIум къыумыупцIэжами зыягъи мыкIынт. Сэ ар къызгурымыIуэжауэ уи гугъэми укъопцIэ. Солъагъу Хынабзэ гугъу зыкъызытхуригъэхьри. Си щхьэ, си бын нэхъыфIщ жимыIэу псори зыредзэкIри къуажэм къокIуэж. Дауи, ар абы и закъуэ и фIыщIэу къыщIэкIынкъым. АбыкIэ ди къуэм и фIыщIэри гъэкIуэдын хуейкъым.
– Пэжщ, цIыхухъум и щытыкIэми куэд иIыгъщ. Мурат зэрыцIыкIу лъандэрэ адэ – анэкIэ гумащIэщ. Ауэ мыри зыщумыгъэгъупщэ. ЦIыхубзыр хуейуэ щытмэ адэри, анэри, благъэри зэрыжаIэу IэщIыб уигъэщIыфынущ. Зэпымыууэ теткIуэу щытмэ псы ткIупсми мывэр еугъуэн. ЦIыхубзым и Iуэхури апхуэдэщ, и жьэр имыгъэувыIэу зэпымыууэ уи щхьэкуцIым къитIыхьу щытмэ акъылу илъыр иритIыкIыу езым ейр кърилъхьэфынущ. Сэр дыдэми уэ ар къызэпщIэфащ. Дапхуэдиз лей си анэм кIэлъызомыхьами уизмыгъэкIыжыфу сыбгъэшэчащ. Ди бынитIыращ здэсхьын сымышIар. Абы щхьэкIи къэзмыгъанэу Iэджэрэ яужь сихьащ Къэргъейхэ уахуэсшэжыну, арщхьэкIэ Нэхунэ адэкIи мыдэкIи сигъэбэкъуакъым «Фи бынхэр здэвмыпIыжу щытмэ быдзышэу узэзгъэфар хьэрэм пхузощI» – жиIэри. Жыжьэ сыIэбэнкъым. Мес си къуэ нэхъыжьым щхьэгъусэ хуэхъуар уэ пхуэдэ зыгуэрщи илъэсым зэ къэкIуэжу дыкъалъагъуми аращ. ДылIэми дытхъэми ящIэркъым. Ар щыцIыкIум щыгъуэ Мурат нэхърэ нэхъ гумащIэжт. Псом хуэмыдэу уэрщхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым. Иджы еплъ зэрыхъуам. Иужьыгуащ ар фыз щхьэзыфIэфIым. И фызым къыжриIэр Алыхьым жиIауэ къыфIэщIыжу мэпсэу. И IеицIэ жыпIэмэ IэлфIыцIэу къызокIуэкI. Щхьэлбзаджэщ цIыхубзыр. Къыппэлъэщу абы ущIэхуа иужь упсэуху уихьэжынущ.
– Хъун мыгъуэщ, хъун! Къэхъуа псори зи лажьэр сэращ! – зэщыджу мэгъынанэ Жансурэт. – Сыт сщIэн Алыхьым къысхуищI си унафэщ. Сшэчынщ абы къыстрилъхьэ псори дунейкIи ахърэткIи. ЗикI умыгузавэ си гуэныхьым щыщ уэ къыплъагъэсынкъым. Ар уфIэмащIэу щытмэ уи нысэ Хынабдзэ и тхьэкIумэр хуэIуантIэ сэ уи анэм сызэрыхущыта дыдэм хуэдэу къысхущытыжыну. КъыжьдремыкI абы сэ схуэгъэзауэ зы псалъэ гуапэ. КъысхуремыщI гущIэгъу лъэпкъ. Срегъэунэху дунейкIэ уи япэкIэ мывэ бгъажэмэ узэрыхуэзэжынур. Адэ нэхъ пасэу сылIэу ахърэтым щысшэчамэ нэхъыфIт Алыхьым и тезыру сэ къыслъысынур. Иджы уэри уи жьэр умыгъэувыIэу укъызопIэскIу, фэмрэ къупщхьэмрэ сыкъыхуэна пэтми ар уфIэмащIэу. Ди щхьэщыгум ит Алыхьым солъэIу икIэщIыпIэкIэ псэхэхыр къысхуигъэкIуэну. Фи натIэм сиджэлыжмэ псори фытыншыжынщ.
И IэлъэщI кIапэмкIэ Жансурэт зызэпелъэщIыхьыжри, бжэныфэ нэмэзлыкъыр унэ лъэгум щеукъуэди, ахъшэм ищIыну. И ныбжьыр хэкIуатэу и гъащIэм и нэхъыбэр зэригъэкIуам зыщIигъэгупсысыжри нэмэз щIыкIэ зригъэщIауэ и зы нэмэз уахъты блимыгъэкIыу ещI. духьэуэ къабж псори зригъэщIащ и гъунэгъу духьэшы КIурацэ деж кIуэуэрэ. Къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жаIэ. Нэмэз щыгъэр игъажэм тхьэ елъэIуурэ нэмэзлыкъым щытежае къохъу.
Жасы ищIу гъуэлъыжа щхьэкIэ, нэху щыху и нэбдзыпэ зэтрилъхьакъым. Апхуэдэщ жэщ къэси. Махуэм тIэкIу мэщхьэукъуэри, и жей псори абыкIэ зэфIокI. Нриуэ – къриуэурэ махуэр егъакIуэри тIэкIу тоу. Жэщыращ Жансурэт къытехьэлъэр. Гупсысэм зыщIиубыдауэ здыхэлъым абы и гъащIэр зэригъэкIуар тхылъ напэ зэрызурэ къызрегъэдзэкIыж. Ирилъагъуркъым абы гущIэубыдэ гуэри. Езыр–езырурэ и щхьэфэцым зыщиIэт къохъу. Щыхилъафэ зэзэмызэми гугъуехьыр телъущ зэрыжейр. Елъагъу пщIыхьэпIэу фIыцIэ защIэкIэ хуэпа гуэрхэм къауфэрэзыхьу, я Iэ бэлацэ шынагъуэхэр къыхуашийуэ, и пщэр щаубыдыкIыпэрэ ятхьэлэну къытегуплIэу. Гурыму хуежьэу, къыпщыщIар сыт жиIэу, Мурид къыщигъэуш къохъу ар.
ПщIыхьэпIэ мыфэмыцхэм жьыуэ къызэфIагъэувэ Жансурэт. Нышэдиби ар къэтэджу кIэлындорым къыщытехьам нэхулъэ къищIу хуежьа къудейт. Дунейри, цIыхухэри, къуалэбзухэри – псэ зыIут псори жей IэфIым зэщIиубыдащ, апхуэдизкIэ уэмщи, бжэIупэм Iут мэракIуэхъу жыгышхуэм и зы тхьэмпи хъейркъым. Жансурэт и закъуэщ зи псэр пIэм къыхэзыхар. А дакъикъэхэм абы и нэгум щIокI махуэщIэр къызэралъхур. Илъэс блыщIым щIигъуауэ псэуми, нышэдибэ фIэкIа гу лъитакъым абы гъащIэр къызэрыушым. ЩIакIуэ фIыцIэу щIым щхьэщылъа жэщыр зэлъыIукIуэтурэ и зэхуакум къыдоувэ нэр зыщыджыл пшэплъыр. КIуатэ пэтми абы зиукъуэдийуэрэ кIыфIыр щхьэщокIуэт. Джэуэ щIадзэ жьырытэдж къуалэбзу закъуэтIакъуэхэм. Уафэ джабэр къонэху. Иджы кIыфIыжкъым зытет кIэлындор кIыхьри, абы Жансурэт зыщеплъыхь. Аддэ плIанэпэм дэлъщ Мыщэ и пэр кIэ лъэбжьэм щIэлъу жейуэ. Абы щыбгъэдэкIуатэкIэ илъагъур япэ щIыкIэ и нэм къыфIэщIу къыщохъу. Нэхъри зригъэзыхрэ еплъмэ – Мыщэ и кIуэщIым зришыхьауэ джэду гуэри мэжей. «Тобэ ярэби, – жеIэ Жансурэт илъагъур игъэщIагъуэурэ, – «дунейм и къутэжыгъуэр къэблагъэмэ, хьэмрэ джэдумрэ зэфI хъунущ» жыхуаIэр мыракъэ. Догуэт-догуэт! Сыщыуэ си гугъэщ. Си нэр нэжу щытмэ мы слъагъур ди КIущэщ. КъыкъуэкIыжащ КIущэ! – пщэдджыжьым тIэкIу хилъэфа Мурид къигъэущу, ину жеIэ Жансурэт. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» жыхуаIэрти, КIущи къекIуэлIэжащ къыщыхъуа, ерыскъы IэфI куэд Нэхунэ щригъэшха лъахэм».
Жансурэт и псалъэмакъым къыдэуша КIущэ къыщхьэщытым къыщыIуплъэкIэ, Мыщэ и кIуэщIым къотэджыкIри, лъэныкъуэ зригъэзыну хуожьэ. Илъэс бжыгъэ дэкIами, щыгъупщэжакъым абы Жансурэт къызэрыхущытари иджыри и кIэмкIэ иубыду мэрэкIуей жыгыжьым ириудэкIыну къыфIощI. ПщIэууэрэ зыдекъузэ кIэлындор плIанэпэм. «КIущэ, дахэ, укъысщымышынэ, – жеIэ Жансурэт джэдум телъэщыхьыну Iэбэурэ, – СыIэбэмэ сылъэмыIэсыжу сыхуещIегъуэжащ Мыщэрэ уэрэ гынбжьыну сызэрыфхущытар. Фэри Алыхьым солъэIу къысхуэвгъэгъуну. Арэзы фыкъысхуэмыхъужауэ дунейм сехыжмэ си тIоулIэу аращ».
ГущIэгъу зыщIэлъ псалъэмакъыр зи бзэ мыпсалъэ КIущэ къыгурыIуащ. Зызыдикъузэ плIанэпэм къыдэкIауэ Жансурэт къыхудоплъей. «УмэжалIэ мыгъуэу къыщIэкIынщ. Сытуи гъурIей ухъуа. НакIуэ, тIэсэ, уи ныбэ из хъуху узгъэшхэнщ».
Жансурэт и ужьым иту, КIущэ унэм щIохьэ.
– А лIыжь, плъагъурэ мы къытхуэкIуэжар? Иджы псори дызэрыгъуэтыжащ. ГуфIэгъуэшхуэщ ар. СощIэ, си дежкIэ гъэунэхуакIуэщ ахэр. Дунейм щызепхьа лейр хьэдрыхэ здэпхьыну ухуэмеймэ упсэу щIыкIэ зытегъэкIыж – аращ абы къикIыр.
Мурид хуэмурэ къызэфIэтIысхьауэ утыкIум ис джэдум къоплъ.
– Мы слъагъур КIущэкъэ?
– КIущэщ, КIущэщ! – жеIэ Жансурэт, КъэкIуэжащ ари.
– Сыту фIыт, сыту фIыт, – Iыхьэлейуэ и гуапэ мэхъу ар Мурид. КъакIуэт тIэсэ, мыдэ си куэщIым къитIысхьэт. Си анэ тхьэмыщкIэр слъагъу хуэдэу къысфIэбгъэщIай. Уэ куэдрэ абы и тегъэупIэу, и жэщгъуэлъу ущытащ. Уэ унэм ущIэсу и закъуэ зэи зыкъилъытэжакъым. ДяпэкIэ укъыхэмыскIыкIыу дэс мы пщIантIэм, щIэс мы унэм. Сэ сыпсэуху зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым.
Ар здыжиIэм Жансурэт дежкIэ КIущэ йоплъэкI. Иджыри абы дзыхьыщэ хуищIыркъым. Псалъэ дахэ куэд жриIами, щищIалэгъуэм зэрищIу щытам хуэдэу зыкъызэкъуихыу «выр-вырв» жиIэу унэм щIиутIыпщыкIыну къыфIощI. Уэ пхуэдэу Нэхуни къысщхьэщыжу щытащ, и гукIэ жиIэ хуэдэу КIущэ, итIани абы щхьэкIэ къимыгъанэу куэдрэ къыскIуэцIытIыхьащ, жэщ уае куэд щIыбым сыдэсу сигъэгъэкIуащ.
– КъызгуроIуэ, КIущэ, уэ а фызыжьым дежкIэ ущIеплъэкIыр,– жеIэ Мурид. «Уэри къодэIуэнукъым» – жыпIэну ухуейуэ аращ. Хьэуэ, апхуэдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. КъыгурыIуэжащ абы къыпкIылъэзэрихьа лейр. Жэщми махуэми Алыхьым йолъэIу ар къыхуигъэгъуну.
– Ар пэжщ, КIущэ,– хьэмбыIуу тIысауэ Жансурэт джэдум толъэщIыхь. КIущи зыхещIэ абы иджыпсту жиIэхэр и гумрэ и псэмрэ къызэрыбгъэдэкIыр. А дакъикъэм зеIэтри, Мурид зэрылъ пIэм долъей. Къызэпеплъыхь и хъуреягъыр. ПIэм къыщикIухьурэ, уэншокуми, шхыIэнми, щхьэнтэми йопэм. КъыгуроIэ. Къабзэлъабзэщ Мурид зыхэлъ тепIэнщIэлъыныр. Дыхумэ мащIи къыкIэрех. Нэхунэ зыхэлъа пIэр апхуэдэтэкъым – гурымыхьт, мазэм зэ ижьыщIми арати… Хынабдзэ тхьэмахуэ къэс зэ тепIэнщIэлъыныр ехъуэж. ИжьыщI къудейкIэ и гур мызагъэу крахмал щIегъэжри егъэгъущыж. Ету щытридзэкIэ зэ, тIэу иригъэжэгъуэкIэ и гур загъэркъым, зригъэдзэкIыурэ упIышкIугъэ лъэпкъ имыIэу егъэтIыс.
***
– Алыхьым нэужькIэ, Мурид сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ Жыг фIыцIэ къуажэм и дохутыр Хьэзрэт. Абы къыхуитхыу Гумкъалэ къыщащэхуа хущхъуэр зрихьэлIэурэ къызэфIэувэжащ. Еджэ псори зыхуеджэ IэщIагъэм зэхуэдэу IэкIуэлъакIуэ хуэхъуркъым. Хьэзрэт абыкIэ куэдым къащхьэщокI. Къоплъыным нэмысу къоузыр, къызэроузыр щыжепIэкIэ щымыуэу уи лажьэр къещIэ. ИтIани къызэплъакъым жаримыгъэIэн щхьэкIэ, щылажьэм деж сытым щыгъуи и пащхьэм илъ и Iэмэпсымэр къещтэри гум и лэжьэкIэм йодаIуэ, и давленэр къепщ, игъэтэджурэ, ижьымкIэ, сэмэгумкIэ зригъэгъазэурэ кIэлъоплъ. ЗыщIыпIэ деж къыхэузыкIауэ къыжриIэмэ мэтэджри, IэкIэ теIэбэурэ и лажьэр къещIэ.
Хьэзрэт куэдрэ сымаджэм яжреIэ: «Фхуэстх хущхъуэр зэфхьэлIэ. Ар Iэмал имыIэу сэбэп къыфхуэхъунущ. Ауэ фи узыншагъэ зэфIэувэжыныр зэрыщыту хущхъуэм и пщэ ивмылъхьэ. Фэри абыкIэ дэIэпыкъуэгъу фымыхъуу хъунукъым. КъывэхьэлъэкIми, пIэм зыдевмыгъэхьэхыу пщэдджыжьым жьыуэ фыкъэтэдж. Фи пщIантIэм Iэщ дэтмэ факIэлъыIэбэ: мэкъу ефт, псы евгъафэ, IэщIэлъыныр зэфхъуэкI. Зыри фимыIэрэ – пщIантIэм къыщыфкIухь, фызыпэлъэщ нэгъуэщI гуэрхэм яужь фит. Узыр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ кIуэжыгъуафIэкъым. ФыIэбэхукIэ фи Iэпкълъэпкъыр зокIуэ, фи гур нэхъыфIу мэлажьэ. Тхьэмахуэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми зывгъэпщIантIэ. ЩIыфэр узыншэу щытынымкIэ ар сэбэпышхуэщ».
Хьэзрэт и чэнджэщ псори Мурид игъэзащIэу пхужыIэнукъым. Ауэ зэрыхузэфIэкIкIэ абы щIодэIу. Iэщ куэд и пщIантIэ дэмытми, бжьэ егъэхъури абы зэрытригъэур пхужымыIэным хуэдизщ. Махуэ псор абы егъакIуэ бжьэ ашыкхэмрэ матэхэмрэ яхэту. Рамэхэр къыдихыурэ бжьэхэр зэрылажьэм кIэлъоплъ. «Уэлэхьэ уэ сэ слъагъур узэхъуэкIын хуейуэ арам», – жиIэнщ абы бжьэпщым и къэкIухьыкIэр игу иримыхьмэ. «Фэри егъэлеяуэ фыбэгъуи», – жиIэнщи бжьапцIэхэр, къиубыдым къыхидзурэ, игъэмэщIэнщ. Бжьэхэми яфIэфIкъым куэдрэ бгъэпIейтейуэ. ИкIи ар къыпхуагъэгъунукъым. Ар Мурид ещIэри, мэсакъ. Ауэ щыгъупщэжу, е игъэкъабзэ щхьэусыгъуэкIэ ашычыщхьэр техауэ зэман кIыхькIэ щыщигъэткIэ бжьэ губжьахэм ящыщ зы къыхэлъэту и шэрэзыр къыщыхиукIэкIэ Мурид хъущIэу щIидзэркъым. «Мис аращ уэ пхуэфащэр, лIыжь» – жеIэри епIэщIэкIыу ашычыщхьэр трепIэж. Чэзу иIэщ дэтхэнэ зыми. Бжьэхэми я Iуэхур апхуэдэщ. Уигу къыщихьэм деж уахыхьэу бгъэпIейтей хъуркъым.
Иджы бжьэ матэкIэ бжьэ зыгъэхъужыр закъуэтIакъуэщ. Нэхъыбэм ашычым зратащ. Ар нэхъ зехьэгъуафIэщ, фо зэрыщIаху машинэхэри зыхуэщIар рамэхэращ. Матэр апхуэдэкъым. Абы и кIуэцIым баш псыгъуэ цIыкIухэр щызэблагъэувыкIри матэ кIуэцIым кIэрагъэбыдэ. Абыхэм бжьэхэм безынэхэр кIэращIыхъурэ бжьэ шырхэр къышраш, фо иракIэурэ и щхьэр безыпскIэ щаеж. Бжьэматэр къиIэтурэ щиплъэкIэ, и щыпэлъагъум хуэдэу, Мурид дапщэри егъэщIагъуэ. «Тобэ истофрилэхь, инженерым хуэдэщ мы бжьэхэр. Хьэуэ, инженер дыдэми къыхуэгупсысынукъым бжьэхэм безынэхэр зэрызэхагъэувэр. Псэущхьэ губзыгъэу Алыхьым къигъэщIащ».
ГъэфI къехъулIауэ бжьэхэр хуабжьу щылажьэм деж, бжьэматэм безынэхэр щимыхуэж къохъу. Апхуэдэм деж Мурид матэм хуэфIу кумб цIыкIу къетIри матэр щхьэщеIубэ. Бжьэхэми адэкIэ безынэхэм пащIыхьурэ фо иракIэ. Кумбми имыхуэжкIэ и сэ псыгъуэ кIыхьыр къещтэри, фокIэ гъэнщIа безынэхэр къыпиупщIурэ тепсэшхуэм ирелъхьэ. ИтIанэ къеблагъэ фокIэ зыбгъэтхъэжынумэ. Абы щыщ зыIуимыгъахуэ хьэблэм зы цIыхуи къыдинэркъым. Апхуэдэу хьэблэ цIыкIухэм я махуэшхуэщ бжьэ ашычхэм дэлъ рамэхэм фор къыщыщIихукIэ. А махуэм щIакхъуэ хуабэ е лакъум Жансурэт ирегъэгъажьэри къызэпридзэжыху фо ярегъэшх, фоупс ирегъафэ. «Хущхъуэ хэлъхэу фо тIэкIу дыхуещи къыдэщэ», – жиIэурэ Мурид къыхуэкIуэхэр мащIэкъым. Ауэ зыми зы сом къыIихыркъым. «Къыдэщэ» зэрыжаIар и жагъуэ хъуауэ, фо иретри кIэлъыкIуатэурэ пщIантIэм дегъэкIыж. СыткIэми цIыхум сэбэп хуэхъуныр Мурид насыпышхуэу къелъытэ.
«Алыхь, лIыжь, уэ псапэу пщIэр тIуми тхурикъункIэ» – Жансурэт щыжиIэкIэ идэркъым. «Зыщумыгъауэ фызыжь, хэти и IэмыщIэ икIыращ къемэтмахуэм игъуэтыжынур. Сэ псапэкIэ сыбдэгуэшэну сыхуейуэ щытми схузэфIэкIынукъым. Ар Алыхь унафэщ.
***
ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гъащIэри зэхуэдэу ягъакIуэркъым, я гупсысэкIэкIи, я IуэхуеплъыкIэри, я гулъытэкIи зэтехуэркъым. ИкIи апхуэдэхэмкIэ цIыхухэр зэщхьыркъабзэу щытамэ гъащIэр псынщIэу къаIэщIэужэгъуэнкIэ хъунут. Жансурэти гъащIэм нэхъ кууэ хэплъэ хъуащ и ныбжьыр егъэзыхыгъуэм зэрынэсрэ. ХузэфIэкIыну щытамэ абы къригъэгъэзэжынти, къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жыхуаIэм хуэдэу, гъащIэм гъуэгущIэ щыпхишынт. БлэкIа зэманым зэи къигъэзэжыркъым. Жансурэти ар къехъулIэнукъым. Ауэ, и ныбжьыр хэкIуэтами, хущIокъу зыгуэрым и гуэныхь къихьамэ псэу щIыкIэ зэрипшыныжыным. ХадэхэкI егъэкI, джэдкъаз егъэхъу. АбыхэмкIэ цIыхухэм яхуоупсэ. АрщхьэкIэ елъагъу, и псэкIэ зэхещIэ зыхущIэкъу псоми зэрыхунэмысынур. КIуатэхукIэ къарур мэкIуэщI. И гур пхъэ щхьэкIэ зыхуежьэхэм ящыщу и кIэм хунэгъэсым хощI. Нэхъапэхэм «Зыми сыщыгугъыркъым, си Iуэху Iыхьэ сэ сощIэжыф» – жиIэу щытамэ, иджы и нысэр къыщыкIуэж махуэм хуэпIащIэу пэплъэ хъуащ. Сыт ищIэн, щIокIуэсыкI и къарур мащIэ-мащIэурэ. Ар зыми къыхузэтегъэувыIэнукъым. Уи Iуэху Iыхьэ щыпхуэмыщIэжым деж, дэIэпыкъуэгъу хъунур дэнэ лъэныкъуэкIэ къикIри бдэуэ, ущыгуфIыкIыу укъонэ. Ауэ хамэр хамэщи, уи жэхэфэгур зэ пхурипхъэнкIэхмэ етIуанэм бгъуэтыжынукъым. УкъэзымыгъэпцIэжынур лIыкIэ къыбгухьэращ. «Ем щыгъуэ зэдыгъу зэшщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.
Зэман-зэманкIэрэ, и гум мастэ къыхаIуам хуэдэу, Жансурэт къыхоскIыкI. Апхуэдэу щыхъур Хынабдзэ къызэрыхущытымрэ езым Нэхунэ тригъэлъа бэлыхьымрэ, ирипэса псалъэ мыфэмыцхэмрэ щызэригъапщэм дежщ. «Догуэ сэ щхьэ апхуэдэу сыхущыта си щхьэгъусэм и анэм? – зэупщIыжу щIедзэ. ТIури дыкъэзыгъэщIар Алыхьыращ, тIури анэ быдзышэ дефащ, тIури адэ-анэ дапIащ». Си анэм къызжиIауэ сщIэжыркъым унэ сыщихьэм «узэрыхуейм хуэдэу щыт, уи гуащэр, уи пщыпхъухэр фIыуэ умылъагъу, уи щхьэгъусэм и Iыхьлыхэм уи щхьэр яхумыгъэлъахъшэ, уи щхьэр зэрыхэпхын, зэрызыбгъэтыншын яужь ит» – жиIэу. Апхуэдэу упщIэ куэд Жансурэт и пащхьэ къиувэ хъуащ и ныбжьыр хэкIуатэри. Ауэ икIэм нэсу езым къыгурыIуэжу зыми жэуап хуетыркъым.
КъыгурыIуэркъым абы Хынабдзэ гугъу зыщIригъэхьыр: и сабиитIыр и Iэблэ зэрызым тесу гъэмахуэ, щIымахуэ имыIэу, уэшх къешхми уэс къесми къимыгъанэу тхьэмахуэ къэс къуажэм кIуэжурэ и тхьэмадэмрэ и гуащэмрэ щIахуэжьыщIэр, щIахуэлъасэр, бэзэрым япэ къытехьэ ерыскъыщIэхэм хуэдэ къахуищэхуурэ щIахуихьыр. Ар и къуэм и фIыщIэу жиIэнущи ещIэ абы игъэунэхуауэ цIыхубзыр хуейуэ щытмэ я нэхъ зызыгъэткIий цIыхухъур IумпIафIэ къызэрищIыфынур, езым фIэкIа нэкуи напIи имыIэу къызэригъэнэнур. Мурид дапхуэдизу зигъэткIийуэ щымытами, ар Жансурэт къыжьэдикъуэфащ, зыхуейр къригъащIэу нобэр къыздэсым псэуащ. И къуэр Хынабдзэ и лъэгущIэту хужыIэнукъым. И щхьэ и унафэ ищIыжыфу, унагъуэр зэгуригъаIуэу, абы ис цIыхухэм иIэн хуей пщIэмрэ щIыхьымрэ зыхуригъэщIыфу мэпсэур. Жансурэт и щхьэр куэдрэ трикъутащ Хынабдзэ и гущIэгъур къызыхэкIыр къищIэным. Езыр дапхуэдизрэ емыгупсысами, и дзыхь зригъэзхэм абы теухуауэ емыпсэлъылIами, емыупщIами пыухыкIауэ икIи ар къызыхэкIыр къыгуригъаIуэу зыми зыри къыжриIэфакъым. Езы Хынабдзэ абыкIэ еупщIыну мызэу-мытIэу тегушхуащ арщхьэкIэ сыкъыгурымыIуэу Iузгъэщтрэ и щIыб къытхуигъазэм жиIэурэ зеубыд.
Абы Мурид гу лъимытэу къанэркъым, зыри жимыIэурэ и щхьэгъусэм кIэлъоплъ. Жансурэт абыкIэ Мурид ечэнджэщыну, епсэлъылIэну мызэу хуежьэ щхьэкIэ зызэтреубыдэ. Арыншами абы къыщриутIыпщ щыIэщ и нысэм къыхущI пщIэр хуэмыфащэу, Хынабдзэ хуэдамэ и анэм и махуэр Жансурэт къыхуигъэкIуэну. Ауэ апхуэдэу абы Жансурэт щыжриIэр я закъуэу псалъэмакъ къыщаIэтым дежщ. Дапщэщи Мурид и нысэм и лъэныкъуэ щхьэкIэ ар игъэхъыбару, зыхуэзэхэм яхуиIуатэу къикIухьыркъым. Ауэ и гукIи ипсэкIи абы дапщэщи и телъхьэщ. И епсэлъэкIэ къудейм фIэкIа ухуейкъым зэхэпхыну Хынабдзэ абы хуиIэ гущэбагъыр. Я унэ къызэрихьэрэ «си хъыджэбз» жиIэ мыхъумэ «си нысэ» жиIэу къыжьэдэкIыу зыми зыхихакъым. Абы щыгъуэми ар фэрыщIагъкъым, апхуэдэущ къызэрилъытэр.
Япхъу Маринэ Хынабдзэ хуэдэу къахущытыфкъым. КъыщыкIуэж зэзэмызэми и IитIыр зэтедзауэ щыс мыхъумэ жыхэфэгу къудей яхурипхъэнкIэхыркъым. Зыгуэр ищIэну хуежьэми Хынабдзэ къыIэпыщIех. «Уэ укъыщIэкIуэжар Iуэху пщIэну аракъым, уи адэ-анэм ябгъэдэс, къуажэ хъыбархэм щIэгъэдэIу» – жеIэри, зыщIидза Iуэхур езым и кIэм негъэсыж.
КIуатэ пэтми Жансурэт нэхъ лъэрымыхь мэхъу. ПщIантIэм щымыIэбэжыфми унэ кIуцIыр нобэр къыздэсым зыхуей хуигъэзэфу щытамэ, иджы ар хузэфIэкIыжыркъым. Псори чэщейщыкъум хуэдэу къабзэу зэлъыIуихыу Хынабдзэ къалэм кIуэжми, къыкIэлъыкIуэ щэбэтыр къэсыху псоми сэбафэ къатоуэ. Дэтхэнэ унагъуэри апхуэдэщи, махуэ къэс цIыхубзыIэ хуейщ. Ар зылъэмыIэсыр сабэм щIегъанэ. Зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми цIыхубзыр унэм щымыIэбамэ, щымыпщэфIамэ псымэ къыщIих мэхъу, ущIыхьэну, ущIэсыну гур хуэмыкIуэжу. Хынабдзэрэ я къуэ Муратрэ ираубыдылIэу жраIэфыркъым къалэм къэIэпхъуэу зы унагъуэу псэумэ зэрынэхъыфIыр. Ар я гурылъ зыжраIэ, я чэнджэщ зрахьэлIэ, пщыхьэщхьэ щIагъуэ дэмыкIыурэ къакIуэурэ Муридрэ Жансурэтрэ тезыгъэу я гъунэгъу Хьэжрэт гурагъаIуэу къыжырагъэIа щхьэкIэ, уи Iэли уи уди жаIэри ядакъым.
– Дэ иджыри апхуэдэу лъэрмыхь дыхуакъым, – жиIащ Мурид. – Мы щIапIэр хыфIэддзэу дэ къалэм дыдэтIысхьэжкIэ дытхъэну уи гугъэрэ. Къуажэжьыр Iумахуэщ жыхуаIэращи, ди гъащIэр щытхьа лъахэр тхуэбгынэнукъым.
– ФызэрегуакIуэщ. Фэ абыкIэ зыми фыхигъэзыхьыркъым, – жиIащ Хьэжрэт, – ауэ фи къуэр, псом хуэмыдэу фи нысэр гугъу зэрехьыр солъагъури сфIэгуэныхь хъууэ аращ. Фэ ар къызэрывгурыIуэр сщIэркъым, ауэ а фи нысэм фэ къыфхуищIэр зыхузэфIэкIын цIыхубз щыIэу си фIэщ хъуркъым. Иджыпсту абыхэм я щIалэгъуэщ, я нэгу зегъэужьыгъуэщ. ИтIани абы щхьэкIэ къамыгъанэу, щыщхьэхуит щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ фи деж щагъакIуэ. Мыбы къэкIуэжа иужьи етIысэхыу загъэпсэхумэ зыгуэрым хуэдэтэкъэ. Фи нысэм жьыщIэнрэ тхьэщIэнрэ фIэкIа Iуэху имыщIэу махуитIыр егъакIуэ. Фи къуэращи, щхьэкъэIэт имыIэ жыхуаIэм хуэдэу пщIантIэм долэжьыхь. Абы зэрихьэ пхъэщхьэмыщхьэ хадэм къуажэдэсхэр плъакIуэ къыхуокIуэ.
– Гугъу ехьмэ я щхьэщ зыхуехьыжыр, дэ зыри щIым здыщIэтхьэнукъым, – Жансурэт щыжиIэкIэ, Хьэжрэт абыкIэ арэзы хъуркым.
– Пэжщ, зыми зыри хьэдрыхэ здихьыркъым, ауэ абыхэм гугъу зыщIрагъэхьыр хадэм кърахынум щыгугъыу аракъым, атIэ фэращ. Фи тыншыпIэщ ахэр зылъыхъуэр.
– Уэлэхьэ, Хьэжрэт, дэри ар къыдгуроIуэм. Си щхьэкIэ ди нысэм дунейкIи ахърэткIи сыхуэарэзыщ. Шэ хьэлэл ефа цIыхущ ар. Абы сытепсэлъыхьу къэзмыкIухьми, къыщыхъеякIэ жысIэнщи, абы хуэдэу псэ хьэлэл зиIэ цIыхубз улъыхъуэу щытми бгъуэтынукъым.
– Бгъуэтын дэнэ къыщына-щыIэххэкъым, – нэхъри трегъэчыныхь Хьэжрэт. Жыжьэ сыкIуэнкъым, мес къащтэ си нысэр. Зы пщIантIэ дыдэсу икIи дызэхэсу дыпсэу пэтми, и гурымыкъ къыщикIам деж, си жьыщхьэм емыплъу, схуэмыфащэ къызепэс, суткэ псокIэ пщафIэу сыщимыгъашхэ щыIэщ. Зы махуэ гуэрым абы къызжиIар нобэр къыздэсым схуегъэхыркъым. Абы иужькIэ унэм сыщIыхьэжри гъын фIэкIа Iуэху симыIэу махуэ псор згъэкIуащ. Пщыхьэщхьэми сыкъыщIэкIыну къыщIэкIынтэкъым щIалэр къыдыхьэжу ныщIэмыхьамэ. «Мыр сыт, ди адэ, уимыхабзэу пшапэ зэхэуэгъуэм уи закъуэ мыбы щхьэ ущIэс? – жиIэу къыщызэупщIым, зыри схужемыIэу сыкъэтэджри сыкъыщIэкIащ. Абы сыхуэтхьэусыхэфынут. Нысэми ар хуигъэгъунутэкъым, ауэ итIани зысшыIащ, быныр псалъэмакъ щхьэ хэздзэри жысIэри.
– Догуэ, апхуэдизу уи гум ежэлIэну абы сытыт къыбжиIар? – щIоупщIэ Жансурэт.
– Гуащэ-тхьэмадэр модэм зэрикIрэ куэд щIащ, – къызжиIащ.
– Уэ гуащэ ухъумэ сэ схуэдэукъым укъызэрынэнур, атIэ пщIантIэм удахунущ, – щыжысIэм, ину къысщыдыхьэшхри, мыпхуэдэу къыпищащ. «Уэ зыгуэр къыпхуейIауэ мы пщIантIэм удэсу уи гугъэми укъопцIэ» – Ар цIыхугъэ сытми. Си жьыщхьэ ар къызипэсыну щхьэ игу къэкIыхха. НэгъуэщI зыри схузэфIэмыкIами, нобэ ар зыбгъэдэс и щхьэгъусэр дунейм ехыжа Гуринэрэ сэрэ къэтлъхуащ, тпIащ, унагъуэу дгъэтIысыжащ. Абы хьэтыр гуэр иIэн хуейкъэ! А Гуринэ тхьэмыщкIи и щхьэфэр лъэгущIыхь хуищIыну илъэгъуа пэтми, зы махуэ «уэху» жримыгъыIэу дунейм ехыжащ.
А псор къыщIезгъэкIуэкIыр фи нысэращи, ар зыпIа, зыущия и адэ-анэм тхьэр арэзы къахухъу. Абы и гущэбагъыр псом япэу щылъагъун хуейр абыхэм я дежщ.
– Алыхь зыри думыгъуэн, цIыху хъарзынэмэ, – жеIэ Жансурэт. – ИджыпстукIэ Алыхьым и шыкуркIэ ди лъэм дызэрехьэ. Ар щытхузэфIэмыкIым деж дэри ди щхьэм илъыр тхьэм ещIэ. Сэ Алыхьышхуэм сызэрелъэIуращи, пIэхэнэ дымыхъуу дылъэрытетурэ тхьэм дигъэлIэж. Азалыхь уи нысэ дэнэ къыщына къэплъхуа уи бын дыдэр къыптезэшэнкIэ хъунум зыри щыпхузэфIэмыкIыжым деж.
– Алыхьым узэрелъэIур къыпхуищIэну си гуапэщ, – жеIэ Хьэжрэт, – Ауэ апхуэдэ зыгуэр къэхъужыкъуэ хъуми а фи нысэм сэтейм фыкъытринэнкъым.
– Ар мыхъуми диIэщ бын, абыхэм ящыщ зыгуэрым гущIэгъу къытхуищIынщ, – хэщэтыкIащ Жансурэт.
***
«Узэрыгугъэм хуэдэу хъумэ уунэхъурэт»жиIащ адыгэм. УпсэухукIэ умыгугъэу хъуркъым. Абы щыгъуэми дэтхэнэ зыми и щхьэм Iей хуихьыркъым. ФIым поплъэ. «Узэджэр къокIуэ» жыхуаIэращи, тэмэмыр фIым хуэпэбгъэнырщ. Жансурэтрэ Муридри Алыхьым и гулъытэ щымыIэну гугъэу зэманыр ягъакIуэ. Я Iэр зэтедзауэ щыскъым ахэр. Жансурэт и ныбжьыр илъэс блыщIым нэблэгъами, махуэм и нэхъыбэр унэ хадэм щегъакIуэ. ЦIыхум ишхыу химысэрэ къимыгъэкIрэ къэгъуэтыгъуейщ. КъыхуемыхьэлIэжу и помидорыр мэбагъуэ. «Хэту пIэрэ мыпхуэдиз бэдрэжаныр Жансурэт зригъэшхынур» – жаIэ уэршэрурэ, убэурэ махуэр зыгъакIуэ фызхэм. Ауэ щыхъукIэ хьэщIэ къахуэкIуэу Iэнэ ягъэувын хуей щыхъукIэ Жансурэт деж лъэIуакIуэ къэмыкIуэу хъуркъым. Гъэмахуэм абыхэм зэи япиубыдыркъым помидор, нащэ къыщIэчагъэщIэхэр. Бжьыхьэм фIэIугъэхэр куэду егъэуври, щIымахуэр икIыху абыхэмкIэ хьэблэдэсхэм ядогуащэ. Зыр щIэкIым адрейр къыщIыхьэу махуэ псор щигъакIуэ щыIэщ, дэтхэнэми Iуэхутхьэбзэ гуэр хуищIэу. Ар зылъагъу Мурид хуэмышэчыжыххэу щыжиIэ щыIэщ мыпхуэдэу: «Уа, фызыжь, лъэIуакIуэ къыпхуэкIуэхэм «хьэуэ» зыжепIэ гуэр щхьэ къахэмыкIрэ? Уэлэхьэ ахэр зыхуей хъу псори уэ яхуумыщIэфын. Иужьрей зэманым Iуэхур абы нэсащи, зыгуэр къытхэмышхыкIыу Iэнэ детIысылIэркъым».
Абы Хьэжрэти куэдрэ гу лъетэ. Ар Мурид деж дапщэрэ уэршэракIуэ къэмыкIуэми, и ерыскъы IэфI гуэр иримыгъэшхыу щIигъэкIыжыркъым. Абы къытригъэхъеикIыурэ, жумартыгъэм теухуауэ Хьэжрэт ахэр хъыбар Iэджэ щIегъэдэIу. «Фэ фи гугъэу къыщIэкIынщ фэ фхуэдэу псори щыту, – жеIэ абы. – Сэ мы ди хьэблэм къыщымынэу, ди къуажэ дэс зэрыбын куэдым я унагъуэ сохьэри сощIэ дэтхэнэм и гущIэгъур, гулъытэр, хьэлэлагъыр зыхуэдэр. Языныкъуэхэм ядеж пщафIэу сыщIыхьамэ, хьэкум тет ерыскъыр ныкъуэпщэфIу къытрагъэкIуэтыж. Ари кърамыгъэзэгъыу, сыкъыщыщIэкIыжынум пэплъэурэ, тебэм илъ лыр е кIэртIофыр трезыгъасхьэ унэгуащи къахокI.
– Уэлэхьэ, ар цIыхугъэншагъэм, – жеIэ Мурид. Ари фIэмащIэу Жансурэт абы дыщIегъу:
– ЦIыхугъэншэм и закъуэкъым, атIэ хьэрэмагъщ. Уи ерыскъым унагъуэм щымыщ цIыху кърихьэлIэмэ абы и ерыскъы хэлъу Алыхьым иухащи, щыбгъэпщкIуныр гуэныхьышхуэ зыпылъщ.
– Уэлэхьэ а псори дэ тхузэмыгъэзэхуэн, – жеIэ Мурид, унэкум ит Iэнэ хъурейм бгъэдэтIысхьэурэ. – Къащтэ мыдэ, фызыжь, уи ерыскъыр хьэзыр хъуамэ.
– Алыхь хьэзырыбзэм. ТIэкIу сфIэпщтырыIуэщи аращ зыщIэсIэжьэр. Мыбы фефэху ари упщIыIунщ, – жиIэурэ шатэрэ шхукIэ зэIиха хьэнтхъупсыр къахутрегъэувэ.
– ФэрыщIагъ хэслъхьэу къыпщымыхъу, Жансурэт, ар зэрыжысIэмкIэ, ауэ уэ пхуэдэу хьэнтхъупсыр зэщыщхъуу зэхэзыщIэ си ныбжьым къриубыдэу срихьэлIакъым.
– Апхуэдизу укъысщымытхъу, Хьэжрэт, – жеIэ Жансурэт. – Къущхьэ жэмым ущытхъум ищIэр пщIэркъэ?
– Уэлэхьэ сэ абыкIэ сымышынэ. Ар сэ си щыпэ жыIэкъым. НэгъуэщI унагъуэ куэдми щызоIуатэ уэ уи пщэфIэкIэр. Жагъуэу укъэзымылъагъу унэгуащэ закъуэтIакъуэхэм абы щхьэкIэ жаIэр мыращ: «Жансурэт и анэ Дисэ хуэдэ къуажэм къыдэшыгъуейт. Хьэгъуэлъыгъуэ зиIэхэм, гущэхэпхэ, лъэтеувэ зыщIхэм Дисэ яшэурэ ягъэпщафIэу щытащ. Абы ищI хьэлыуэр Iум ищахэрт, и джэдлыбжьэм и мэ гуакIуэр жыжьэу къыпщIихьэрт. И мэжаджэм щыщ зы Iыхьэ пшхамэ, махуэ псом ерыскъы жыхуаIэ уи гум къэкIыртэкъым. «Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ» жыхуаIэращи, Жансурэти Дисэ ещхь хъужащ».
Хьэнтхъупсым ефэн зэраухыу, пIастэ гъуэжьымрэ тхъупсым зэрихьэ кхъуейжьапхъэмрэ къахутрегъэувэ.
– Уэлэхьэ, Жансурэт, хьэнтхъупс шынакъышхуэм и ужькIэ мы уи кхъуейжьапхъэр тщыкIуэжыну си фIэщ мыхъу, – жиIэурэ Хьэжрэт и пащIэшхуэр ирелъэщIэкI. – Ауэ сыт тщIэн. «Алыхьым къыптрилъхьэм фошыгъущей уефэнщ» жыхуаIэращи, къытебгъэувар дымышхыу къытхуэбдэнукъыми, ари зы плIанэпэ гуэрым дэдгъэзэгъэнщ.
– Дэ зыщIыпIи дыкъыкIэрыхуркъым, – жеIэ Мурид. – ДымыпIащIэурэ, тIэкIуи дытеуэршэрыкIыурэ здэкIуар дымыщIэу ари дгъэкIуэщIынщ.
– Си махъсымэр къэвэн ирикъуакъым ахъумэ абы щыщ тIэкIу фефамэ фшхар иригъэупIэхынт.
– ЗикI умыгузавэ, Жансурэт, абыи си Iыхьэ къыхэнэну уи гугъэми укъопцIэ,– жеIэ Хьэжрэт.
Жансурэт и махъсымэр, хьэблэм и мызакъуэу, къуажэ псом щыцIэрыIуэщ. Иджы кърагъэжьауэ гухъукIэ яуб хугум, е нэгъуэщI зыгуэрым къыхащIыкI махъсымэ нэкIэпсыжэм хуэдэкъым ар. Зэман куэд трегъэкIуадэ абы и щIыным Жансурэт. КъызыхищIыкIыу хугущ е нартыху хьэжыгъэщ. Ар япэ щIыкIэ хупцIынэ епщри, тIэкIурэ щIэуфауэ щигъэтщ. ИтIанэ чыржынурэ тебэкIэ егъажьэ. Ар псы къэгъэкъуэлъа гъэупщIыIужам хелъхьэри чейм е кхъуэщыным иту щIэуфауэ махуэ бжыгъэкIэ щигъэтщ. ИтIанэ кхъузанэкIэ изурэ зэрытам ирекIэжри, и Iувагъ – пIащIагъкIэ зэрыщытын хуейм хуэдэу псы гъэвакIэ зэIыхыжауэ, егъэув. Абы литрэ ныкъуэ зэрыхуэ и пхъэ шынакъыр хедзэри хуабэ гуэркIэ щIеуфэж.
Щигъэтщ ар апхуэдэу къэвэн ирикъуху. Къэвэн иухарэ имыухарэ къызэрищIэр ищI макъымкIэщ. Къыщывэм деж пхъэ шынакъыр чей джабэм «быркъэ-быркъэ» жыригъыIэу иреудэкI. Мис а макъыр щимыщIыжым деж и щхьэр трехри йоIуб. «Мэт, лIыжь, уэри еплъыт», – жеIэри Мурид ирегъафэ. Абы къызэрыщыхъум псори трещыхь: тIэкIу фIэгуащIэIуэмэ, нэхъ ефэгъуафIэ хъун щхьэкIэ, фошыгъупс хекIэ. Абы и ужькIэ хьэзыр хъуащи, ефи пэт – зыбгъэнщIыркъым, ауэ укъегъэжан. Зэманыр гъэмахуэмэ щIыIэпIэ егъэув, щIымахуэмэ, щригъэфэнуIам деж, фIэщIыIэмэ абы щхьэкIэ зэрихьэ гъущI мыулъийм къыхэщIыкIа бэлагъ цIыкIур егъэплъри «цIыщхъ» жиIэу хеIу. Пхъэ шынакъым из махъсымэр мыщIыIэ – мыхуабэу ещI. «Уа, Жансурэт, апхуэдизу абы зумыгъэлIалIэу хьэкум тебгъэувэрэ бгъэхуабэмэ хъуркъэ» – къыжезыIэм ар хуидэркъым. «ХьэкIукIэ пэхуэща махъсымэмрэ гъущI гъэплъакIэ зи дзэр IулIыкIамрэ ауэ жыжьэуи зэхуэдэкъым,– жеIэ.– ГъущI гъэплъам махъсымэр нэхъри нэхъ IэфI, ефэгъуафIэ ещI».
Дапщэрэ Жансурэт махъсыми имыщIми, хьэблэм дэсхэм ящыщу ар япэ зыIуагъахуэр Хьэжрэтщ. «Уэлэхьэ, Жансурэт, мыбы хуэдэ махъсымэфI зэ пщIауэ щытмэ мыр етIуанэмэ», – жиIэмэ ар зыхуей хуэзауэ аращи, зи ерыскъы хэлъ кърихьэлIауэ иримыгъафэу щIигъэкIыжыркъым.
АбыкIэ Жансурэт и псапэм хегъахъуэ, и щIалэгъуэм къихьа гуэныхь къомыр егъэмащIэ. КъыгурыIуэжащ абы и ныбжьыр хэкIуатэри жыхьэнэмэ гъуэгум тезышэнкIэ хъуну къемызэгъ куэд зэрилэжьар. Ар Мурид зэзэмызэ къыщриундэкIкIэ япэхэм хуэдэу зыкъызэфIилэжыркъым, атIэ «Ар шейтIаныр къыстекIуауэ щыщыта зэмант» – жеIэри абыкIэ зэфIегъэкI.
Куэдым ирегъэгупсыс ар Хынабдзэ къыхуиIэ щытыкIэм. Ирегъапщэ езыр и тхьамадэмрэ и гуащэмрэ зэрахущытам, псом хуэмыдэу Нэхунэ хуиIа щытыкIэм. А гупсысэр и щхьэм къыщищхьэрыуэкIэ, здэщытым деж щотIысэхри, Мурид къеджэу е нэгъуэщI зыгуэр къыщIыхьэу зыкъригъэщIэжыху щысщ. Япэм хуэдэжкъым Хынабдзэ и Iуэхур. ИлъэситI нэхъыбэ ямызэхуакуу дунейм къытехьауэ щIалэ цIыкIуитI иIэщ. И щхьэгъусэм къищынэмыщIауэ, ахэри зыхуей хуэгъэзэным лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманыр зэрыщыту токIуадэ. ИтIани си щхьэ, си бын нэхъыфщI жимыIэу, унагъуэ Iуэху псори зыридзэкIыурэ и гуащэмрэ тхьэмадэмрэ я деж мэкIуэж. Зыри жимыIэми, ар и щхьэгъусэ Мурати къытемыхьэлъэу къанэркъым. Зэзэмызэ, «Мы тхьэмахуэм къуажэм дывмыгъэкIуэжу зыдвгъэгъэпсэху» щыжиIэкIэ, ар Хынабдзэ хуидэркъым. «Зыщумыгъэгъупщэ уи адэ – анэр къызэрытпэплъэр. Тхьэмахуэ зэхуакIум махуэу дэтыр ябж абыхэм я пащхьэ дыщихьэжынур къахуэмыгъэсу.»
Нэху щымэ щэбэт махуэти, къуажэм зэрыкIуэжынум зыхуагъэхьэзыращ: Муратрэ Хынабдзэрэ зэгъусэу бэзэрым дэкIри тхъуцIынэ, лы, прунж, курпIэ, фо къащэхуащ. СумкIитIыр яIыгъыу унэм щыщIыхьэжым, сабийхэм зэрахабзэу, я щIалэ цIыкIуитIыр ежалIэри «Сыт къытхуэпщэхуар» – жаIэурэ сумкIэм илъхэр зэIапщIыкIыу щIадзащ. «УэI, фо къытхуахьащ!» – жаIэу литрэ ныкъуэ банкIыр къыщрахым, Хынабдзэ мэIэбэри къаIэпыщIех, «Ар дадэрэ нанэрэ щхьэкIэ къэтщэхуащ» – жеIэри.
– Уэи, дэ зыкъом щIауэ фо думыгъэшха,– жиIэурэ и Iупэ цIыкIур къыIуигъэпкIауэ унэ лъэгумкIэ йоплъых щIалэ нэхъыщIэ Хьэжсэт.
– Еплъыт, мамэ, абы,– жеIэ я щIалэ нэхъыжь Хьэрун,– зигъэгусауэ аращ.
– ПцIы томылъхьэ, зигъэгусауэ аракъым абы,– жеIэ Хынабдзэ,– ехъуэпсауэ аращ.
– Аращ, мамэ, сехъуэпсауэ аращ,– жеIэ Хьэжсет цIыкIу, нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ. – НытIэ кхъыIэ и щхьэр техи зэзакъуэ нэхъ мыхъуми IэпэкIэ сегъэбзей.
– Еплъ итIани абы жиIэм,– и анэм къыщхьэщыжыну хэтщ Хьэрун. –Абы щыщ пIумыхуэмэ улIэну къыщIэкIынщ!
– Ар сабийщи мэхъуапсэ,– жеIэ Хынабдзэ Хьэжсет и щхьэм Iэ дилъэурэ. – Мэ, тIасэ, ебзей – жеIэри, зи щхьэр триха банкIыр хуещий.
Сакъыпэурэ Хьэжсет цIыкIу IэпэкIэ фом хоIэбэ. Iэбжьанэ тез хъуркъым и Iэпэр къыкIэрыпщIар. «НэхъыбэIуэ къыхэх», – Хынабдзэ щыжиIэкIэ Хьэжсет цIыкIу идэркъым. «Мыр дадэрэ нанэрэ яхуэтхьмэ нэхъыфIщ. Ди папэ ахъшэ къратмэ къомыжьу къытхуэпщэхунщи ди ныбэ из хъуху дыбгъэшхынщ. Пэжкъэ, мамэ?»
– Пэжщ, си псэр зышхын цIыкIу. Уэ итIани Хьэжсет лIы мыхъуауэ жыбоIэ,– нащхьэ хуищIурэ Хьэрун дежкIэ Хынабдзэ йоплъэкI.
Щэбэт пщэдджыжьыр Алыхьым узэрелъэIуну уэфIу нэху къекIащ. Махуэр дыгъэпсу зэрекIуэкIынум и щыхьэту, абы и бзийхэр мыпIащIэурэ щIым къытреукъуэдие. Къуалэбзухэр я макъ зэхуэмыдэхэмкIэ мэбзэрабзэ. Гъатхэр щиух, гъэмахуэр къыщихьэ зэманщи дунейм и щIэращIэгъуэщ.
ЗыкъэзыIэт дыгъэм и бзийр щхьэгъубжэм къыдидзу и нэгум къыщытридзэкIэ Хьэжсет цIыкIу къоушри къызэфIотIысхьэ.
– Уэ сысысс! Сыту махуэфI нобэ! – жиIэурэ гъуэлъыпIэм къолъэри, Хынабдзэ щыIэуэлъауэ пщэфIапIэм щIолъадэ. – КхъыIэ, мамэ, нобэ къуажэм дывмыгъэкIуэжу папи, Хьэруни, уэри, сэри дызэгъусэу паркым дывгъакIуэ. Уэи зыкъом щIауэ абы думыша. Каруселым дитIысхьэнщ, хъыринэ дещIэнщ, гуэлым зыщыдгъэпскIынщ. Хъун?
– Уэ гукъыдэж хъарзынэ уиIэу нэху укъекIащ, Хьэжсет. Иджыпсту дунейм и дахэгъуэщ. Абы мыпIащIэурэ гъэмахуэр зэрырихыну щыгъынымкIэ зехуапэ. Хуабэр зэхэзыщIа къэкIыгъэхэм зыкъызыкIуэцIах. Ахэр хэт хужьу, хэт гъуэжьу, хэт плъыжьу, хэт шэкъафэу, хэти нэгъуэщI плъыфэ хьэлэмэту мэгъагъэхэр. Абыхэм я лъабжьэм тхьэмпэ удзыфэхэр къыщIоувэ. Гъэгъахэр пылъэлъыжыху тхьэмпэхэм мыпIащIэурэ заукъуэдий, пэрымэ гуакIуэ къызыпиххэм я гъащIэр нэхъ кIыхь ирехъу жыхуаIэу. ЩхъуэкIэплъыкIэхэм я зэманыр икIмэ тхьэмпэхэм къудамэхэр щIауфэнущ. Илъэсым и дэтхэнэ зэманми, цIыхум ещхьу, къэкIыгъэхэми захуапэ. Ар природэм и хабзэщ.
И тхьэкIумэр тегъэхуауэ дунейм и щIэращIэгъуэм и анэр зэрытепсэлъыхьым щIэдэIуа иужь, игъэщIагъуэу Хьэжсет жеIэ:
– Уэи, мамэ, уэ дохутыру ущIеджар сымыщIэ. Художник IэщIагъэр къыхэпхамэ, сурэт дахэ Iэджи пщIынт.
– Уэ сыбгъэщIыну сурэтыр сыт хуэдэт, си псэр зышхын?
– Уэи сэ уэзгъэщIынур мыратэм. Ди дадэрэ нанэрэ я бжэIупэм Iут дей жыгышхуэм пызу дэ пыту. Абы и лъабжьэм Iэнэ хъурей щIэту. А Iэнэм нанэ тхуипщэфI пIастэ гъуэжьым дзасэкIэ тхуигъажьэ лым хуэдэ тету.
Дадэ и жыгхэм къапыкIэ мыIэрысэ, кхъужь джабэплъхэм хуэдэ телъу. А Iэнэм дадэ, нанэ, сэ, Хьэрун, ди папэ сымэ дыбгъэдэсу. Уэ укъытщхьэщыту Iэнэ кIапэм тет стэчанхэм, бахъэ мащIэ къыхихуу, шэ гъэпщта къытхуипкIэу.
– Дэ къомыр дыщысу ди мамэ щыбгъэтынут, аракъэ?– Хьэрун игъэкIуэншэну хэтщ Хьэжсет.
– Сыт щхьэкIэ, ди дадэ Iэнэм бгъэдэсу ди мамэ зэрымытIысыр пщыгъупщIэжа? –
– Ей, уэри уэ, – жеIэ Хынабдзэ Хьэжсет и гулъытэр игъэщIагъуэу,– уэ уцIыкIу щхьэкIэ куэд бощIэ. Аращ тэмэмыр. Адыгэхэм я хабзэу къадогъуэгурыкIуэ нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу. Ахэр щысу нэхъыщIэхэр мытIысу, нэхъыжьхэм ябгъэдэсу нэхъыщIэхэр мышхэу.
– НытIэ ди дадэрэ нанэрэ дабгъэдэсу дагъашхэри. Фэ абыхэм фы ракъуэрылъхущ, иджыри лIыпIэ фиувакъыми аращ.,– жеIэ Хынабдзэ.
– АтIэ нанэрэ дадэрэ апхуэдэу фIыуэ плъагъу пэтми, нобэ къуажэм думыгъэкIуэжу паркым дывгъакIуи дивгъэс жыбоIэри, Хьэжсет?
– Уэи, мамэ, сщыгъупщэжатэм нэху дыкъекIмэ дадэрэ нанэрэ я деж дызэрыкIуэжынур. Ахэр къытпэплъэу къыщIэкIынщ. СощIэ ди дадэ къыдэкIауэ куэбжэ дыхьэпIэм деж щыт тетIысхьэпIэм зэрытесыр. Ди хьэ цIыкIури и кIэр игъэпIэжьажьэу абы бгъэдэсщ. Уэи, мамэ, а ди хьэ цIыкIу губзыгъэIейм. Мыпсалъэф щхьэкIэ, псори къыгуроIуэ. Ар ди дадэ апхуэдэу игъэсауэ аращ.
– Абы тэмэму гу лъыптащ, Хьэжсет. «Iэщри зейм ещхь мэхъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. ЦIыхури, Iэщри, хьэри зэрыбгъасэщ.
– НытIэ Хьэрунрэ сэрэ ди дадэ ещхь дыхъужыну?
– Фи дадэ зэбгъэщхьыр хэт уэ, Хьэжсет? –къритыну жэуапыр фIэгъэщIэгъуэну щIоупщIэ Хынабдзэ.
– Ар зыми ещхькъым.
– Зыгуэрым и хьэлкIэ, и теплъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ емыщхь щыIэу къыщIэкIынкъым.
– Ди дадэ зэщхьыр и адэ ЛIыгъуру е и адэшхуэ Мэзану къыщIэкIынщ, жеIэ Хьэрун.
– Уэ дэнэ щыпщIэрэ ар?– йоплъэкI Хьэжсет и анэм дежкIэ, Хьэрун акъылэгъу дэмыхъун къыфIэщIу.
Хьэжсет хэтщ адэшхуэр зыми емыщхьу, абы хуэдэ щымыIэу къыщIригъэдзыну. Хьэрун абыкIэ арэзыкъым. ИтIани Хьэжсет къикIуэтыну хэткъым. Щапхъэу къыхуехь езы зэкIуэшитIыр зы адэ – анэм къалъхуами зэрызэмыщхьыр. «Ар адрей дадэхэм ещхьу щытмэ сэ абы схуищIа чынутIым, щIопщым хуэдэ си ныбжьэгъу цIыкIухэм я дадэхэм хуащIыркъыми? Уэи емщхь- тIэ зыми! Псом нэхърэ нэхъыфщ тхьэ ди дадэ!» «НэхъыфIщ! Фызэмыдауэ абы щхьэкIэ, – жеIэ Хынабдзэ,– фIыми Iейми зэрыжаIэу абы ещхь фыхъуну фIэкIа сыхуейкъым. Къуажэм дэскъым абы пщIэ къыхуэзымыщI, школ щIэмыхьами, губзыгъэщи жылэм дэсыр чэнджэщакIуэ къыхуокIуэ.» Абы хэту Мурат къыщIохьэж.
– СлIо, щхьэ фызэдауэрэ? Мыхэр къуажэм кIуэжыну хуэмейуэ ара?
– Хьэуэ тхьэ. ЗэкъуэшитIыр зодауэ я адэшхуэм щхьэкIэ. Абы хуэдэ щымыIэу Хьэжсет тхьэ щеIукIыж. Ар зыгуэрми иригъэщхьыну хуейкъым. Сэри яжесIэщ фи унагъуэм сыкъызэрихьэрэ абы губзыгъагъэ, гукъабзагъэ мыхъумэ нэгъуэщI хьэл мыхъумыщIэ зэрыдэзмылъэгъуар, я унагъуэкIэ, я щхьэкIэ Iуэху гуэр къызылъыкъуэкIхэм зэрачэнджэщакIуэр.
– Ар, пэжщ, – щыхьэт мэхъу Мурати. – Абы фыщытепсэлъыхьакIэ мыпхуэдэ зы щапхъэ къыфхуэсхьынщ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужьэжауэ ди къэралым щрахуж зэманырт. Ди къуажэ уэрамымкIэ дэкIыурэ ипщэкIэ дэкIуеижхэрт нэмыцэ танкхэр, машинэхэр, лъэсырыкIуэ сэлэтхэр. Хъыбару къэIурт фашистхэр ди щIым изыхуж ди армэм хэт сэлэтхэм дэмыкIыу къуажэм дэса цIыхухэр зэтраукIэу. Ар куэдым я фIэщ хъуауэ, зи лъэр къэралым изыхыж нэмыцэхэм я гъусэу выгу, шыгу зэщIэщIакIэ цIыху куэд дэкIырт. А махуэм Iэщым мэкъу яриту мэкъуэщым ит ди адэм деж къыщызэхуос ди хьэблэм дэс, абыхэм я кIэмэлъамэ лIыхэр. Ахэр зауэм ягъэкIуатэкъым: хэти сымаджэт, хэти и ныбжьыр хэкIуэтат, хэти район, область унафэкIэ къуажэм къыданат.
– Дэ уи деж дыкъыщIызэхуэсам гу лъыптэу къыщIэкIынш, Нартыкъуэ, – кърегъажьэ ди гъунэгъу лIыжь Хьэжрэт.
– Уэри уолъагъу, зыкъомым нэмыцэхэм зыдащтауэ докIхэр. Ахэр игъэщтащ хъыбар мыфэмыцым. Жыжьэ дымыкIуэми, нэгъуэщI мыхъуми дызэгъусэу дыдэвгъэкIи мэзым зыщыдвгъэIэжьэ. Нэмыцэхэр дэкIыжу дыдейхэр къэсыжыху дызэIуплъынщи, жаIэр пцIыуэ къыщIэкIмэ, ди унэ дыкъинэжынщ.
– ХьыI, – жеIэри, абыкIэ зэрымыарэзыр и нэгум къищу, ди адэм IэщIэлъ гуахъуэр щIым хетIэри, жиIэнум пэплъэу и пащхьэм итхэм къажьэхоплъэ.
– Абы нэхъ делагъэ къэвгупсысынкъым фыпсэуху! Сыт хьэдэгъуэдахэ жыпIэр, Хьэжрэт? Хъунщ, уэ ущIэныгъэншэщи къыбгурыIуэр мащIэу сощI. Уэри уи гупсысэр зыдынэсыр, уи акъылым къиубыдыр ара? – йокIуэталIэ си адэр райпом и унафэщIу щыта ХьэмтIыкъ. Уеджащ, законхэм хыбощIыкI итIани мыбыхэм акъылэгъу уадохъу. Сэ си псэр пыту мы къуажэм зы лъэбакъуэ дэфчыкIынкъым. «Моуэ мэзым дыхэвгъыхьэ» – жыбоIэ уэ, Хьэжрэт. Хъунщ ухохьэ. ЖаIар пцIыуэ къыщIэкIауэ, мэзым укъыхэкIыжын хуей щыхъукIэ зызыщыбгъэпщкIуа ди зауэлIхэм сыт яжепIэнур? «Сыпартизанащ» жыпIэнущи, пцIыупс уохъу. ЯщIэ абыхэм партизанхэм яхэтахэр. ДаукIмэ, ар Алыхьым къытхуиухащи тшэчынщ. ДаукIмэ ди пщIантIэщ дызыщаукIри джэбын къабзэкIэ дыщIалъхьэжынщ. Мо ирахужьэжахэм фадежьэкIэ фытхъэну фи гугъэу къыщIэкIынщ! Бынми къуажэми ямыщIэу хамэ щIыпIэ фыщыкIуэдынщ. Аращ сэ си унафэри, абы иужькIэ фщIэнум фыхуитыжщ.
Хъуни мыхъуни жамыIэу, Хьэжрэт фIэкIа къэмынэу, адрей лIыхэр зэбгырыкIыжащ. Ди адэм и чэнджэщым ахэр щыщигъэуа къэхъуатэкъыми къедэIуахэщ. ЕтIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм ирихьэлIэу ди сэлэтхэр ди къуажэм къэсыжащ. Ини цIыкIуи зэрыжаIэу абыхэм дапежьэри къедгъэблэгъэжащ. ЯукIын дэнэ къэна и гуауэ хъуну зы цIыхуи зы псалъи ирапэсакъым.
– Хъунщ иджы жытIар. Автобусым и текIыгъуэр къэсащи фынакIуэ, – щыжиIэм тхьынухэр къатщтэри, унэм дыщIэкIащ.
Станцым дынэсмэ, тIысыIэ лъэпкъ имыIэжу, ди къуажэм кIуэ автобусым цIыхухэр из хъуат. Ауэ шоферым «ТIэкIу фызыщыкIуати къивгъэтIысхьэ» – жиIэри, зэрыхъукIэ зидгуащ. Ар апхуэдэ ди щыпэ зекIуэкIэтэкъыми, дызэритIысхьэфам дыщыгуфIыкI мыхъумэ зыкIи къыдэхьэлъэкIыртэкъым. Нэхъыщхьэрати дыкIуэжырт къытпэплъэ дадэрэ нанэрэ деж.
Къуажэм дыщыдыхьэжым ирихьэлIэу уэшх къешхыу щIидзащ. Дэ автобусым дыщикIыну къуажэм дынос. УридэкIуеиным хуэдэу уэшх къошх. Ар гъэмахуэ уэшхыу умыщIэну, щIыфэм зэпхидзу щIыIэщ. Ар теужыху зыщытIэжьэн щIэувапIэ гуэри къэувыIэпIэм теткъым. «Дыщытми деуфэнщI, дыкIуэми аращи ди гъуэгу хэдгъэщIмэ нэхъыфIщ, – жеIэ Мурат, – къащтэ мыдэ сумкIитIыр. Уэ Хьэжсетрэ Хьэрунрэ я Iэпэр убыди фынежьэ».
ПлIыми я щхьэр егъэзыхауэ макIуэ. КъаIэтмэ, уэшх щIыIэр имыгъаплъэу я нэкIум кърекIэ. Машинэ закъуэтIакъуи яблож. Зыми къигъэувыIэркъым. ГущIэгъуншэ, гущIыIэ хъуащ цIыхухэри. Къуажэм и кIыхьагъкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу закъуэращ мывэ зытекIутари, ятIэ хъуркъым. Абы тету макIуэхэр. Машинэ къащыкIэлъыскIэ, гъуэгубгъум зрат щхьэкIэ къэмынэу ятIэпсыр къажьэхекIэ. Ящыгъыу хъуар псыф зэрыхъуам имызакъуэу, яблэж машинэхэм къыраутх ятIэпсым я щIылъэныкъуэр хьэлэч ищIащ. Хьэжсет Хынабдзэ и ижьырабгъумкIэ щыту макIуэри, къиутхыр апхуэдэу къылъэIэсыркъым. СэмэгурабгъумкIэ щыт Хьэрун и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэсыху фIейм щIигъэнащ. «Уэри ижьырабгъумкIэ къэув» – жеIэ Хынабдзэ. ЙокIуэкI абыкIэ Хьэрун, арщхьэкIэ кIэ зимыIэж уэшхым къигъэщIыта щIым имыгъэбакъуэу кIуэцIрыщэту хуожьэри, аргуэру сэмэгурабгъумкIэ мэувыж.
– Мамэ, сопIыщIэ, – жеIэ Хьэжсет цIыкIу.
– СощIэ, тIэсэ, ауэ зыхуэгъэшэч. Дынэсыжыным къэнэжа щыIэкъым.
– Мес школ цIыкIур солъагъу, – жеIэ Мурат къэгумэщIа Хьэжсет цIыкIу и гур фIы хуищIыну. – Абы дынэсыху уэшхыр темыумэ, и кIэлындорым дытехьэнщи тIэкIу дыбэуэнщ. Чыржын игъэжьауэ Нанэ къыфпэплъэу щыс хъунщ.
– Уэи, сызэрынэсыжу жьэгу хуабэм сыдэтIысхьэнурэ нанэ и гуарцэ мафIэмкIэ зызгъэхуэбэжынумэ, – жеIэ Хьэрун цIыкIу. – Си нанэ сытым дежи чыржын щхьэплъ цIыкIу тебэ дзакIэм дэлъу схуегъажьэ. Ныщхьэби шатэ Iуврэ абырэ къызитынурэ сытхъэжынущ.
– НытIэ, тIэсэ, утхъэжынущ,– жеIэ Хынабдзэ.
– Сэ сынэхъыжьщи чыржын хуабэрэ шатэрэ япэу къызитынущ,– жеIэ Хьэрун, и къуэш нэхъыщIэм тIэкIу зэрефыгъуэр къапщIэу.
– НытIэ нэхъыжьыр уэракъым – ди папэщ, – Хьэжсет къикIуэтыркъым. Ауэ щIыIэм щисам деж япэ ягъашхэр сэ схуэдэ цIыкIухэращ. Пэжкъэ, мамэ?
– Пэжщ, тIэсэ, уэращ япэу нанэ зыхуэупсэнур.
Пшапэр зэхоуэ. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу, унэ щхьэгъубжэхэр къонэху. КIэ зимыIэж уэшх щIыIэм псэ зыпыт псори гъущапIэмрэ хуабэпIэмрэ щIихуащ. Иджыпсту ар зытешхэр Мурат зэрыбыным хуэдэу гъуэгум триубыда закъуэтIакъуэщ.
– Нанэрэ дадэри я уэздыгъэр щIагъэнауэ къыщIэкIынщ,– жи Хьэрун. – Я насыпкъэ иджыпсту зи унэ хуабэ щIэсхэм. Дэри дыкъемыжьамэ, ди унэ щхьэгъубжэм дыкъыкIэрысу уэшхыр къызэрешхым деплъу дыщыст.
– Уэи ар ди деж къыщемышхми умыщIэ,– жеIэ Хьэжсет.– Дэ километрищэм щIигъу къэткIуащ.
– Уэху гущэт жи! Уэи фIыуэ къыщIэбгъэлъам. Къалэмрэ ди къуажэмрэ я кум апхуэдиз дэлъкъым,– жеIэ Хьэрун. – Япэ щIыкIэ бжэкIэ зэгъащIэ.
– Уэи сэ бжэкIэ сощIэмэ. Пэжкъэ, мамэ?
– УощIэ, уощIэ! Уэри зыбгъэIэзэу мыбы щхьэ ущыхьа, – жеIэ Хынабдзэ.
– НытIэ плъагъункъэ. Дынэсыжмэ Дадэ и шотыр къэтщтэнщи хэт нэхъыфIу бжэми зэхэдгъэкIынщ,– жеIэ Хьэжсет.– Сэ абы кIэну фIэлъыр собжыф.
– Сэ икIи сыдобжей икIи сыкъобджых, зэхызолъхьэ, согъэбагъуэ а шотымкIэ,– къикIуэтыркъым Хьэруни.– Абыхэм сезыгъасэр ди Дадэщ.
– Уа, папэ, а ди Дадэ а шотышхуэр дэнэ къыздрихар?– щIоупщIэ Хьэжсет.
– Гумкъалэ къыщищэхуащ нартыху хьэжыгъэ путкIэ. Дадэ илъэс куэдкIэ лэжьащ ди къуажэм и пхъащIэхэм, гъукIэхэм, чырбышгъэжхэм я учетчикыу… Трудодену къахьыр итхырт.
– А итххэр дэнэт здихьыр?
– Колхоз правленэм щIэс бухгалтерым иритырт. Абы ибжырт хэт дапхуэдиз трудоден къилэжьми.
– Сыт трудоденыр зищIысыр?
– Мис сэ лэжьапщIэу ахъшэ къызат заводым сыщолъажэри. Къуажэм щылажьэ мэкъумэшыщIэхэм, Iэщыхъуэхэм хуатхыр трудодент. Уэ япэу школым ущыкIуам уагъэтхар пщIэжрэ?
– Бжыгъэхэр, зым къыщыщIэдзауэ пщIым нэс ттхыфу драгъэсащ.
– Трудоденри апхуэдэ бжыгъэхэмкIэ ятхырт.
– Уарэ, бжыгъэ хуатх къудейкIэ зэфIэкIрэт! Уэ ахъшэ къуатри, абыкIэ тшхын мамэ бэзэрым къыщещэху. Бжыгъэ зыхуатххэм сытыт яшхыр?
– Бжьыхьэр къэсу гъавэр, хадэхэкIыр кърахьэлIэжа иужь, трудоденхэм къапэкIуэу нартыху, гуэдз, ху, хьэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хъарбыз къратырт. Арат яшхыр. КъайлеекIыр бэзэрым яшэрти ящэрт. Абы къыщIэкIымкIэ щыгъын, унэм щIалъхьэн хьэпшып, зэрышхэ хьэкъущыкъу нэгъуэщI зыхуейхэр къащэхурт.
– Уэи абы щыгъуэ сэ сыкъалъхуауэ щытамэ хъарбыз фIэкIа зыри сымышхынт,– жеIэ Хьэжсет.
– Елъ а ныбэрицIэр! Уэи апхуэдиз хъарбызым а уи ныбэр «тIомпIэщ» жиIэу зэгуимыудтэмэ.
– Зэгуиудынутэкъым-тIэ! Сыт щхьэкIэ ди дадэ жиIауэ щытар пщыгъупщэжа?» Дапхуэдиз фшхыми, фигъэгъутхьэну фIэкIа зыри къывищIэнукъым.»
– Хъунщ, щывгъэт иджы фи зэдэуэныр,– жеIэ Хынабдзэ – Уэшхыр нэхъ кIащхъэ хъуащи фынакIуэ фынежьэ. Хъунщ мы кIэлындорым дызэрытетар.
Я нэм къыщIэIэбэми ямылъагъуну кIыфщ. Мурат япэ иту, мыдрейхэр абы и ужьым иту макIуэхэр. Ямылъагъуу псы инам хэувэурэ лъэпэдуи, вакъэуи ящыгъыр къанэ щымыIэу псыф хъуащ.
– Си лъакъуэр песыкI, мамэ,– жеIэ Хьэжсет цIыкIу.
– Умыгузэвэж, Мес Нанэ и уздыгъэ нэхур солъагъу. Дызэрынэсыжу зыптIэщIынщи шхыIэн хуабэм ущIэпщхьэжынщ. Укъэхуэбэжыну Нанэ къалмыкъ шей пхуигъэвэнщи уефэнщ.
Унэм нэсыжыным метрищэ хуэдиз иIэжу я хьэ КIэху и банэ макъ зэхах.
– Уэлэхьэ дызэрыкIуэжыр КIэху къищIам, – жеIэ Мурат.
Куэбжэ дыхьэпIэм блэж псым телъ лъэмыжым тету КIэху дрегъэблагъэ. ДызэрыкIуэжам щхьэкIэ дунейр хуримыкъуу мэгуфIэ. Хьэжсет зыкъриупсеяуэ къыхудоплъей. ЩыдыхьэжкIэ зэм япэ йощ, зэм яужь зыкърегъанэ. ИтIанэ щIопхъуэри, къэсыжахэщ жыхуиIэу, унэ щIыхьэпIэм нэс мажэ. Бжэр зыгуэрым къыIуихауэ къыкъоплъ. Къелъагъу ахэр. Псыр къапож псоми.
– Еууей мыгъуэ, мы уэлбанэшхуэм фыкъэмыкIужами ягъэ кIынтэкъым,– жеIэ Мурид. Щыгъыну фшыгъыр зэрыщыту псыф хъуащ. ФыкъыщIыхьэ псынщIэуи щыгъын гъущэкIэ зыфхуапэ.
– ДыкъэмыкIуэжу хъурэт,– жеIэ Хынабдзэ. – ДызэфIэзэрыхьати мы тхьэмахуэм дыкъыфлъэIэсыфакъым. Фшхын фиIэжу къыщIэкIынкъым.
– Хьэуэ, тIэсэ, тшхыни дыщыщIакъым. Тхьэмахуэ кIуам хъушэ къытхуэфхьащ. Ар иджыри тхуэухынутэкъым. Ди гъунэгъум хьэщIэ къахуэкIуати, «яхутезгъэувэн дзэкъэгъуэ ди унэм щIэлъкъым» жиIэу Хужьпагуэ къыщежэкIым фи анэм зы щIакхъуэ, зы ху Iусыпхъэ, абы хиудэн курпIэ, лы чилэ ныкъуэ хуэдиз иритащ.
– Я хьэлэлщ. Псапэ хъунщ,– жеIэ Хынабдзэ.
– Фэри мис щIэх – щIэхыурэ гъуэгу фытеувэн хуей мэхъу. Тхьэм къэрэгъул бжыхь фхуищI,– жеIэ Мурид. – Фи IэмыщIэ икIыращ къеймэтмахуэм вгъуэтыжынур. Нэхъыбэу къыфхэхъуэнщ. Тхьэм куэду къывит.
Мурат, зыри жимыIэу и адэм ней – нейуэрэ йоплъ. Ар мазэм нэблэгъауэ сымаджэу хэлът. Иджы елъагъу зэфIэту. Аращ езыгъэблэгъэжари. Апхуэдизрэ сымаджэр зы тхьэмахуэ дыкъызэрымыкIуэжам къриубыдэу хъужауэ пIэрэ? Хуэмышэчу щIоупщIэ Мурат:
– Мыр сыт, ди адэ, щхьэ укъэтэджа? НэхъыфI ухъуауэ ара?
– Уэлэхьи, щIалэ, сызэрыхъуаи щымыIэ, ауэ тIури дыхэлъу кърихьэлIэжмэ сыт жаIэн, гужьеинхэщ жысIэри нобэ ерагъмыгъуейуэ сыкъызэфIэуващ.
– Сыт «тIури дыхэгъуэлъхьэжмэ» жыхуэпIэм къибгъэкIыр?
– Уи анэр махуищ хъуауэ къэмытэджауэ пIэм хэлъщ.
– Сыт къеузыр?
– Зыгуэрым къретхъ,– жиIэурэ щIэх – щIэхыурэ и бгъэм йопхъуэ. Фи гугъуехьым ари къыхэмыхъуамэ сэ фыкъызэрыскIэрыщIар ирикъунти. Илъэсым щIигъуауэ си гущIыIур дэгъэзеяуэ сыхэлъщ, кIуатэ пэтми си узым хэхъуэ мыхъумэ хэмыщIу. Иджы абы фи анэри къыхэхъуащ.
– Апхуэдэу жумыIэ, папэ,– и гур фIы хуищIыну хэтщ Хынабдзэ. – Узри Алыхьыращ зи Iэмырыр, къыузэритам хуэдэ къабзэу убгъэдихыжыфынущ. ПщIэркъым ар гъэунэхуныгъэми.
– Ари пэжщ, си хъыджэбз, – жеIэ Мурид. – НэгъуэщI мыхъуми си лъэр тIэкIу нэхъ къыщIэувэжамэ, нэгъуэщI слъэмыкIми шей пщтыр стэчан бгъэдэсхьэнт. Фэри махуэ къэс фыкъыщымыкIуэжыфкIэ, хэт къыткIэлъыплъын, хэти дызэрихьэн. Мис аращ нэхъ сызыгъэпIейтер. Алыхьми «зыхъумэ» жиIащ. Дапщэрэ жесIа а фи анэм жэщ, махуэ, щIыIэ, хуабэ имыIэу хадэм имысыну. Дэ тшхын, тщIэн дымыгъуэту зы махуи дыпсэуакъым. Ар апхуэдизу егъэлеяуэ мылэжьамэ, гугъу зримыгъэхьамэ и узыншагъэр напIэзыпIэм къызэтекъутэнтэкъым. Уи ныбжьым щыхэкIуэтакIэ, уи фэм дэмыхуэнум зумыпщытмэ нэхъыфIщ. «ТIэкIу зыгъэпсэху, апхуэдизу гугъу зомыгъэхь, дэ тхуэмыпIыж диIэкъым» – жысIэурэ дапхуэдизрэ сыногуэуа, арщхьэкIэ сыт жызмыIами уи тхьэкIумэм ибгъэхьакъым. «Уэ урикъуауэ дунейм утетщ» къызжепIащ дапщэри. Мис иджы уи лъэр щIэхуащ.
– Дауи уэ пхуэдэу сыщхьэхуэсакъыу си гъащIэр згъэкIуамэ, сэри си лъэр щIэхуу мы пIэм сыхэгъуэлъхьэжынтэкъым. Уэ зытепIэтыкIыурэ унагъуэ хьэлъэ псори сэ къыстебгъэщIащ. Гу цIыкIум сыщIэщIауэ, уи къуэр сщIыгъыу сэ пхъэуэ, чыпу, бжыхьыпхъэ банэу мэзым къисшам фIэкIа сымыщIами ирикъунт сэ уз къыхэсхыну.
– АбыкIэ сэ сыбгъэкъуаншэу щытмэ, Алыхьым и губгъэн къэпхьынщ,– жеIэ Мурид. – ПщIэжрэ абы щыгъуэ сэ си узыншагъэр зыхуэдар? «Нэсыр къэсыж» жыхуаIэм хуэдэу сшхыр сэмызэгъыу къызжьэдэкIыжу илъэс дапщIэкIэ сыпсэуэ? Сшхыр сэзэгъын щхьэкIэ сэ содэ къудейуэ сызэфар шыгу зэщIэщIакIэ пхуэгъэхъеинкъым. Абы щыгъуэ а содэри сытым хуэдэу гъуэтыгъуейт, бжэмышх из содэ хэбдзэу псы гъэва стэчан ныкъуэ семыфамэ, сшхар зэрыщыту къызжьэдэкIыжырт.
– Алыхь ари пэжым,– Мурид жиIэмкIэ щыхьэт мэхъу Жансурэт. – Сэ зи Iуэху зесхуар си бынхэр езыхэм я хуэдэхэм емыхъуэпсэнырщ. ТрудоденкIэ упсэуфынт. Абы къыпэкIуэ къыдат гъавэр тшхыну тхурикъу щхьэкIэ, унагъуэ ущыхъукIэ нэгъуэщI Iэджи ухуей хъурт. Ахэр къызэрытщэхунт сэ гугъу зыщIезгъэхьыр. Уэ ар зэи къыбгурыIуэнукъым.
– Сэ ар къызгурымыIуэу аратэкъым. Уи щхьэрат згъейр. Сэри си IитI зэтедзауэ сыщысакъым. Учетчикыу сызэрылажьэм хуэдэурэ чий сщIым, Гумкъалэ сшэм сщэуэрэ быныр зэрезгъэджар, зэрысхуэпар абы къыщIэкIыращ.
– Дэри дамэкIэ, мэзым чы куэд къэдбгъэхьащ,– жеIэ Мурат. – Абы щыгъуэми ар хуиту пыдагъэупщIу щытамэ аратэкъэ – къэддыгъуу арат. Мэзхъумэм дыпэщIэхуэмэ ахъшэшхуэкIэ къыдэтхьэкъунут. Чы зэкIуэцIытпхар хыфIэддзэурэ Iэджэрэ мэзхъумэм дыкъыIэщIэкIащ. ДыкъыщырихужьэкIэ дызэгъусэ хьэблэ щIалэ цIыкIухэр дызэкIэщIэжырти псым дыкъикIыжырт. Мэзхъумэр щууэ псым къызэпырыкIыну щыхуежьэкIэ нывэкIэ дыуэу щIэддзэрти игъэкIэрэхъуэжырт. «Зэмыхъуми зэ фыкъысIэрыхьэнкъэ фэ!, – къамышыр игъэдалъэу къэувыжырт ар. – Мис итIанэ сэ фэ фхуэфI сыхъунщ. Лъыр къыдэжу мис мыбыкIэ фи щIыфэр зэгуэзудынщ», – къытхуигъэдалъэрт и щIопщыр. Дэри абы дежкIэ дыплъэурэ ди IэщтIымыр зэщыттхъуэрт «мис апхуэдэу утхьэжынщ» жыхуэтIэу.
– Ари сощIэж, арыншауэ си закъуэ абы сыпэлъэщынутэкъым.
– Хьэуэ, ди адэ, сэ абыкIэ узгъэкъуаншэу аракъым апхуэдэу щIыжысIэр,– къэгузэващ Мурат,– Iуэхур зэрыщытар жысIэу аращ. Дэри ди къалэнт уэ дыбдэIэпыкъуну.
– ИкIи фыкъыздэIэпыкъуащ. Апхуэдэу дызэкъуэмытамэ щIэныгъэншэу фыкъанэныр зыми щыщтэкъым. Иджы фи щхьэ фыщIэмытIахъуэу фызыгъэпсэун IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ фиIэщи тхьэм нэхъри фыригъэфIакIуэ.
– Хьэуэ, сэ жысIэркъым зыри умыщIэу ущысауэ, ауэ уи щхьэр пхъумэфащ. Сэ мис гугъу сызэрехьа псори къысщIыхьэжри сыкъриудащ.
– Алыхьырщ, ауэ Алыхьым нэужькIэ сэ жысIэм укъедэIуауэ щытамэ уи узыншагъэр куэдкIэ нэхъ хъума хъунт. Сэ уэ зыпщIэзмыгъэкъуауэ жыбоIэ. Пэжщ, сэ помидори, нащи, бжьыни, шыбжии схуэгъэкIынутэкъым. Уэ зи ужь уитыр ахэрат. Уэ «укъыздэIэпыкъуркъым» – жыпIэурэ зыпшхыхьыжырт. «Си пхъур зыхуей хуэзэркъым, си малъхъэр жэрдэмыншэщ, абыхэм ядэIэпыкъун хуейщ» – жыпIэурэ зы илъэскъым икIи илъэситIкъым хадэхэкI гъэкIыным, щэным яужь узэритар. «Абыхэм загъэлIэнкъым, уи щхьэр зэрыпхъумэным, зыхуей зэрыхуэбгъэзэным яужь ит» – жысIэурэ дапщэрэ укъыжьэдэскъуа? АрщхьэкIэ уэ узэрыгупсысэм укъытекIыу, си зы псалъэ уи тхьэкIумэм ибгъэхьакъым.
– АтIэ иджы ар щхьэ къызэпхъуэныжрэ? Сымаджэ ухъумэ сэракъым узыщIар къызжепIэну ара узыхэтыр!– къыхудэши къудейуэ мэпсалъэ Жансурэт.
– Хьэуэ, хьэуэ! Сэ жысIэр апхуэдэу къыбгурымыIуэ. Сэ махуэ къэс сыптелъэщIыхьу, гурылъ хуабэхэр пхуэсIуатэу сымыпсэуами псэуэгъу дызэрызэхуэхъуам зы махуи сыхущIегъуэжакъым.
– Сэри сыкъыбгурыIуэн хуеящ. Сэ сшхын сымыгъуэту аракъым си щхьэр егъэзыхауэ хадэм сыщIисар. Ди пхъу нэхъыщIэр зэрыхуа унагъуэр зэрыбынышхуэти зыхуей хуэзэртэкъым. ЦIыхубз щыхъукIэ Iэджэми хуей хъурт. Ар абыхэм я деж щигъуэтыртэкъым. Анэм и лыр сытым дежи нэхъ мэуз и быным щхьэкIэ адэм елъытауэ. Сэри аращ, си ныбжь хэкIуэтами, си фэм дэмыкIын жыхуаIэм хуэдизу семытIысэхыу а хадэр зиинагъыр щIызесхьар. Иджы мис а гугъуехь псори къысщIыхьэжащ. Си щIалитIыр къуажэм дэсыжауэ щытамэ, абыи сыхэтыну къыщIэкIынтэкъым. Ахэр къалэм дэсщ. Унагъуэ хъуахэщ, бын яIэщ. Ахэри зыхуей хуэгъэзэн хуейщ. Тхьэм игъэпсэу Муратрэ Хынабдзэрэ, ди бын нэхъапэщ жамыIэу зыщагъэпсэхун хуей щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ къэкIуэжурэ щхьэ къэIэт ямыIэу къыддоIэпыкъу, зыхуейхэм зыхуагъэныкъуэурэ бэзэр шхын зэмылIэужьыгъуэхэр къытхуахь. Мурат мыхъумэ сыщIэбгъэкъуаншэ а хадэми сыпэлъэщынутэкъым. Шыхэссэми, псы щыщIэзгъэлъадэми, щыспщIэми, хъуа иужь къыщыпысчыжми, щысщэми ар къыздэIэпыкъуащ. Помидор, нащэ, мыIэрысэ ашэч мащIэ кърилъэфэкIакъым абы, сыфIэгуэныхь хъууэрэ. Ар зы илъэстэмэ, илъэситIтIэмэ зыгуэрым хуэдэт – илъэс пщыкIутIым нэблагъэкIэ апхуэдэу къыспэщIэтащ а тIур. Алыхьым гъуэгу къывитынщ, тIэсэ. Ар маплъэри плъапIэм итщ.
– Мамэ, апхуэдэу жумыIэ, ар дэ ди къалэнщ, – Хынабдзэ щыжиIэкIэ идэркъым.
– Фэр нэмыщIи сиIэщ сэ бын, ауэ мазэм хузэу зэ мы пщIантIэм къыдыхьэркъым. Ягу къырихур сщIэркъым.
– Зыри ягу къырихуркъым,– жеIэ Мурид – я щхьэ ягъэтыншу аращ. Зэрысабий лъандэрэ апхуэдэщ ар. Сытым дежи зыщIрегъэх.
– Алыхь ар мыпэж. Быну сиIэм нэхърэ нэхъыфIу сыкъилъагъурт икIи зыкъысщIигъакъуэрт Наурыз. Ауэ щхьэгъусэ зэригъуэту къысхуэмыцIыхужу зызэрихъуэкIащ. Хъуатэкъым ар фыз къэшэкIэ. Насыпыншэ хъуащ ар щхьэгъусэкIэ. И фызым жиIэм зы мэскъалкIэ фIэмыкIыу и IэмыщIэм иригъэтIсхьащи благъуэм иIыгъым хуэдэу, щыхуейм деж къеутIыпщ, щыхумейм деж и IэмыщIэм ирекъузэж. Дауэ щымытми си къуэм сыхуэарэзыщ. КъыздэмыIэпыкъуфми я бын здырепIыж.
– Дауи, аращ жыпIэну уэ къыпхуэнэжыр. КъыщымыкIуэкIэ, укъыщамылъагъукIэ сыт етщIэн,– жеIэ Мурид.
***
Дапхуэдиз дохутыр кърамыгъэплъами, дапхуэдиз хущхъуэ ирамыхьэлIами Жансурэт и узыр нэхъ хэкIуатэ мыхъуми зы тIэкIукIэ нэхъ мыхъуми къигъазэртэкъым. Муратрэ Хынабдзэрэ махуэ щIагъуэ дэмыкIыурэ къуажэм кIуэжыху зэдашэжыфыркъыми, сабийхэм я закъуэ къалэм къагъэнэн хуей хъурт. АпщIондэху мащIэ я гум щыщIэркъым абыхэм. Мэгузавэ, зыIумыуэн Iууэмэ, зыхуэмызэн хуэзэмэ жаIэри. Иджы зэманыр я пэм хуэдэжкъым. КIуатэ пэтми цIыхухэр нэхъ гущIэгъуншэ мэхъу. Гуузлыуз жыхуаIэр зымыщIэжыр мащIэкъым. Гъусэ мыхъумыщIэ къахуэхъумэ ямыщIэххэу хутыкъуэныр зыми щыщкъым. Ауэ итIани Хынабдзэрэ Муратрэ пIэхэнэ хъуа Жансурэт, Алыхьым и шыкуркIэ къызэфIэувэжа Мурид ягъэнэхъапэ. Сыт ящIэн- тIэ. И нысэгъу ЩхьэхуэфI ар Хынабдзэ къреудэкI. «Узезыхуэр сыт», – жиIэурэ дапщэрэ къыжриIа Хынабдзэ, арщхьэкIэ и гуащэмрэ и тхьэмадэмрэ и адэ – анэмрэ ирелъытри, ЩхьэхуэфI жиIэм едаIуэркъым. Абы къелъытэ и щхьэгъусэ Мурат и адэмрэ анэмрэ зэримужэгъужар, ар абыхэм ядэIэпыкъуну, зыхуей хуигъэзэну зэрикъалэныр. Бын щIыжаIэр щыслъэмыкIыжым деж зыгуэркIэ зыкъысщIигъэкъуэн гугъэращ. Адэмрэ анэмрэ псэухукIэ я гуфIэгъуэр, я гугъапIэр, я тегъэщIапIэр, зэрыгушхуэр я быныращ. Абыхэм щхьэкIэ я щхьэфэр лъэгущIыхь ящIыну хьэзырхэщ. ИтIанэ Хынабдзэ жыриIащ мыпхуэдэу: «Сэ нысэ сиIэ хъурэ си къуэр скIэщIишмэ, гулъытэ лъэпкъ къысхуимыщIыжу заугъуейуэ тIысыжу я щхьэ зыхуей хуагъазэу лъэныкъуэ зрагъэзмэ си гуапэ хъуну?» ЖыпIэнурамэ и щхьэ ирелъыт и щхьэгъусэм и адэмрэ анэмрэ. ЦIыхур зи щхьэ езылъытым зэи имыщIапхъэ ищIэнукъым.
Дохутыр къашэурэ ирагъэплъу, къыхуатх хущхъуэхэр ирахьэлIэу Жансурэт зэман кIыхькIэ унэм щыIащ, арщхьэкIэ и узыр къытегуплIэ мыхъумэ зы тIэкIукIи зэримыкIуэтым къыхэкIыу сымаджэщым щIагъэгъуэлъхьэн хуей мэхъу. Ар абы Iейуэ и жагъуэт, итIанэ сэбэп къыхуэхъуну гугъэрти, хьэуэ къыхигъэкIакъым. ЩIэлъащ ар сымаджэщым мазэкIи, мазитIкIи, мазищкIи. СыткIэ я гуэныхь къэпхъын – къыкIэлъыплъырт дохутырхэри, сестрахэри Жансурэт, зэрыжаIэмкIэ хущхъуэфIи кърахьэлIэрт, ауэ нэхъыфI зэрыхъу щыIэтэкъым. Дапщэрэ кIэлъымыкIуэми къажриIэрт: «СыщIэфшыж, сэ мыбы къыщызахьэлIэ хущхъуэхэр сэбэп къысхуэхъуркъым. СщIэуэ си узыр хотIасэ. Унэм сыфшэжи Iэзэ къыскIэлъывгъэплъ, мыбы сыщIэвгъэлIыхьыну фыхуэмеймэ. «Муратрэ Хынабдзэрэ ечэнджэщащ къеIэзэ дохутырым. ИмыубзыщIу къажриIащ Жансурэт и Iуэхур зыIутыр. КърахьэлIэ хущхъуэхэм узыр тIэкIу зэтраIыгъэ щхьэкIэ мащIэ – мащIэурэ ар къытогуплIэ. «Нэхъ къыщищтэкIэ унэм фшэжи и гур вгъэзагъэ. Дэри дынакIуэурэ дыкIэлъыплъынщ» – къажреIэ къеIэзэ дохутырым.