Читать книгу Дуней хьэху. Усэбэ - Brat Murat - Страница 7
Гъуэгухэр
ОглавлениеГъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,
Хьэзаб урамхэм к1уэц1рык1ыурэ.
Псэм и хъуахуэ гук1эр
Я тхыц1э гъурхэм ярылъурэ,
Жэщи махуи ямы1эу,
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,
Щ1ылъэ занщ1эр ягъэхъурейурэ.
Нэпс ежэххэм
Гу пц1анэ лъэмыж тралъхьэурэ,
Мыпсэхужхэу,
Гъуэгухэр хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьыр мэк1уэж.
Хэку гуф1ак1эм догъуалъхьэри гъуэгухэр,
Гъуэгуу хъуар зэхохьэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэжри
Гъуэгурык1уэхэри йок1уэл1эж.