Читать книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова - Страница 2

Ди зэманыр дунейм си нитIырщ зэреплъар
КIыщокъуэ Алим и художественнэ дуней еплъыкIэм теухуауэ

Оглавление

Сэрщ зи вагъуэ имыжынур —

Сыхьэт махуэм къыдалъхуар

(КIыщокъуэ А.)

КIыщокъуэ Алим и творчествэм щIэуэ хэлъымрэ абы къикIуа гъуэгуанэмрэ убзыхуным, тэмэму джыным, щIалэгъуалэм бгъэдэлъхьэным мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ. Ар сыту жыпIэмэ, иужьрей илъэс 200-м ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуар, нобэрей махуэм къэсын ипэкIэ бэлыхьрэ хьэзабу цIыхухэм я псэм телъар, гуфIэгъуэрэ насыпу къапкърыхьар апхуэдизу художественнэу къиIуэтащи, тхыдэ тхуэхъуащ и тхылъхэр. КъинэмыщI, ди творческэ щIэныгъэрылажьхэм я зэхэщIыкIымрэ я зэфIэкIымрэ зэрызиужьа щIыкIэм щыгъуазэ бэлыхьу зрипщIыфынущ ахэр щIэбджыкIмэ, абыи и закъуэкъым – ари мымащIэми, атIэ абыкIэ ди литературэ псом щекIуэкIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэми датоIэбэж, тхакIуэ-усакIуэ дызытепсэлъыхьым и дуней еплъыкIэмрэ (художественнэм имызакъуэу) и тхэкIэ зихуэдэ щымыIэмрэ япыщIауэ.

Алим и тхыгъэхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, езы авторым е абы зыгуэркIэ къепхахэм ятеухуа хуэдэу гъэпсащ. Псори гупсысэ куу зыщIэлъ образ хьэлэмэтхэмкIэ къулейщ, икIи къыбгуроIуэ ахэр зы цIыхум – авторым е ар къэзухъуреихьхэм я гъащIэм къыщызэтемыувыIэу – адыгэ лIакъуэ куэдым зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ къакIуа гъуэгуанэм къуэпскIэ быдэу пыщIауэ зэрыщытыр.

ТхакIуэм и литературэ жанр къуэпсыбэм щыщ дэтхэнэми къыщыхощ и бзэм и зыужьыкIэр, и хъэтIым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр – усыгъэми, прозэ тхыгъэ кIэщIми, адрей жанрхэми. КIыщокъуэм и тхыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуа хъуащ лъэпкъым и тхыдэр, дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм адыгэр къызэрыхущIэкIыр, гъащIэм щызрихьэлIэ Iуэху гугъусыгъухэм и псэмрэ и напэмрэ къабзэу къызэрыхэкIыф щIыкIэр.

Усыгъэм и гугъу умыщIыхи, лъэныкъуэ куэдкIэ, куэд дыдэкIэ щолажьэ Алим и прозэ икъукIэ зызыужьар – зэманым и нэпкъыжьэ зытелъыр, Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэу зэман зэхуэмыдэхэм къэхъухэм гъэхуауэ ятепсэлъыхьыр. Ауэ а псори зыкIэ зэщхьщ – дэтхэнэри лъэпкъым и гъащIэм теухуащ (урысыбзэкIэ тха «Восход луны» роман закъуэр хэгъэкIауэ). КIыщокъуэм и тхыгъэ ныхъыфIхэр зэбгъапщэмэ, гу лъытэгъуей хъунукъым а темэ нэхъыщхьэр къэгъэлъэгъуэныр зэрекIуэкIа щIыкIэм зэпымыууэ абы зэрызригъэужьам, а Iуэхушхуэ екIуэкIхэм хэт цIыхухэм фIы и лъэныкъуэкIэ ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм.

Нэхъапэм лъэпкъ Iуэху зехьэкIэм и тэмэмыпIэр къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэм пщIэ зэрыхуащIари, къызэралъытари ахэр марксистско-ленинскэ теорие хъужым зэрыбгъэдыхьэмрэ социалистическэ реализм яубзыхуам зэрытехуэмкIэу щытащ. А зы къупхъэ-жыпхъэм изэгъэн хуейуэ арат псори. Ауэ щыхъукIи, Алим и творчествэм – прозэми, усыгъэми, драмэ тхыгъэхэми – а жыхуэтIа къупхъэхэм имызагъэ куэд ущрохьэлIэ. А зи гугъу тщIыхэр IэджэкIи нэхъ лъагэщ, я мыхьэнэкIи нэхъ куущ, адыгэ лъэпкъым революцэ гъуэгукIэ къикIуам теухуауэ щыIэ литературэ псом нэхърэ. Абы и щхьэусыгъуэхэр мымащIэу щыIэщ икIи къэбгъэлъэгъуэфынущ. Ирикъуни, псалъэм папщIэ, цIыхур зищIысыр, ар зыхуэдэр, и мыхьэнэр, ар партым, революцэм зэрыхущытым, абыхэм зэрахуэпэжым тещIыхьауэ гъуазэ яхуэхъуа а социалистическэ реализмэм темыкIыу ятх художественнэ тхыгъэхэм къыщагъэлъагъуэу зэрыщытар. Апхуэдэ «лIыхъужь» нэхъыщхьэхэт япэ адыгэ революционерхэр, большевикхэр, ныкъусэныгъэ лъэпкъ яхэлъынкIэ Iэмал иIэтэкъым, я нэхъ хьэл мыхъумыщIэ дыдэу яхэлъри щIихъумэжырт большевикыу, партым хуэлажьэу зэрыщытым. Мыхэр зытха ди тхакIуэхэр иджыпсту бгъэкъуаншэкIэ мыхьэнэшхуэ къикIыжынукъым. Ауэ а тхыгъэхэм хэплъэжын хуейщ, гурыIуэныгъэшхуэ иумыту щIалэгъуалэм ябгъэдэплъхьэнкIэ Iэмал иIэкъым – гъуэгум текIынухэщ, гъуэщэнухэщ. КъинэмыщIу, щIэблэщIэр нэхъ тэмэму гъэса хъунымкIэ, я зэхэщIыкIым, акъылым заужьынымкIэ, художественнэ щIэныгъэрэ эстетическэ гъэсэныгъэрэ ятынымкIэ художественнэ литературэр Iэмалрэ хэкIыпIэрэ хуэхъуну зэрыщыгугъыр, хуэгъэзэщIэнукъым. Апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр зыбгъэдэлъ тхылъхэм ирагъэгъэзэщIэнукъым. Мы Iуэхугъуэм теухуауэ иджыпсту ди литературэми, литературэщIэныгъэми къалэнышхуэхэр къапэщылъщ. Адыгэ литературэр Iэмалыншэу зытета соцреализм гъэпсыкIэ ткIийр зыкъутэфар КIыщокъуэм и романхэращ, псом япэ итри «Хъуэпсэгъуэ нурырщ». Мис аращ Алим и образ нэхъыщхьэр нэгъуэщI гъуэгукIэ кIуэуэ, псалъэм папщIэ, Мэтхъэн Къазджэрий («Бгыщхьэхэр жейркъым»), нэгъуэщI гупсысэкIэ къыщыкъуэкIым, ямыдэу куэд утыкум щIилъэдауаэ щытар. Апхуэдэу щытми, а образ дыдэрат (Мэтхъэн Къ.) революцэми, коммунист парт Iуэхуми, адрейхэм емыщхьу, езым и еплъыкIэ щхьэхуэ щIэуэ хузиIар. Лъэпкъ къызыхэкIам и гум щыщIэм ар псэкIэ нэхъ и гъунэгъути, модрейхэу, революцэм и купщIэр зи напщIэ телъхэм нэхърэ нэхъ захуэу, нэхъ тэмэму къыщIэкIащ. Алим и творчествэм и мыхьэнэр къыщыбгъэлъагъуэкIэ, псом япэ итри аращ. Мы Iуэхум теухуауэ езы Алимрэ сэрэ дызэпсэлъауи щытащ.

КIыщокъуэм и тхыгъэм нэхъыщхьэу къыхэщ цIыху пэрытхэр адыгэ IуэрыIуатэм, эпосым хэтхэм ещхьщ. Ахэр пэжыгъэм, захуагъэм, фIым (щхьэж езым ахэр къызэрыгурыIуэм тету) я телъхьэщ, я бэнакIуэщ. Пэжым, захуагъэм Алим и романым щрит мыхьэнэм куэдым уарегъэгупсыс. ТхакIуэм мыпхуэдэ упщIэхэр къегъэув: сыт фIыр зищIысыр? Сыт хуэдэ гъуэгура нэхъ захуэр? Сытыра нэхъ тэмэмыр? ЛIыхъужьхэми щхьэж езым и зэхэщIыкIым тещIыхьауэ жэуап иратыж.

Мыбдежым тхакIуэр и романым щытетащ лъэпкъым эстетикэ и лъэныкъуэкIэ иIэ хьэлым – цIыху ищIа бгыщхьэхэр къызэщIигъэхъеящ, псэ яхилъхьэри, иригъэгупсысыжащ: лъэпкъыр Iуэхугъуэшхуэхэм щыхэхуа мы лъэхъэнэу, тхыдэм зи нэпкъыжьэ къытенэнум, сыт япэ игъэщыпхъэр? Абы и жэуапыр щхьэж зэрыритыр къигъэлъэгъуащ: дэтхэнэра а бгыщхьэхэм бэм гъуазэ яхуэхъупхъэр? «Бгыщхьэхэр жейркъым» – тхылъищу зэхэт мы тхыгъэшхуэр («Хъуэпсэгъуэ нур», «Эмирым и сэшхуэ», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ») – нэхъри нэхъ къуэпсыбэ, къудамэбэ ищIащ упщIэ гъэувыкIэм, гупсысэ пхырышыкIэм.

Мис а псоми къапкърыкIыжу, Алим и тхыгъэхэм гупсысэ хьэлэмэт дытрашэ: дыхэт дэ, адыгэхэр, дэнэ и деж къыщежьэрэ ди къуэпсхэр, дыздэкIуэри дэнэ, икIи сыт хуэдэ увыпIэ щыдгъуэтрэ мы дунеижь къекIэрэхъуэкIым и теувапIэ къомым? Абы IупщI ещI тхакIуэм и художественнэ прозэр зыхуэдэри, абыхэм хэт лIыхъужьхэм я гупсысэхэри, я Iуэхухэри.

ИужькIэ къызэIуиха тхыгъэшхуэхэм – «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ», «Лъапсэ» романхэм ди литературэр увыпIэ лъагэ трагъэуващ, ди бзэр мыкIуэдыжын, ди тхыдэр тщымыгъупщэщын, ди хабзэр хэмышыпсыхьыжын ящIащ.

Алим и усыгъэм и Iуэхур щхьэхуэщ. Сыт хуэдизу тхакIуэшхуэу КIыщокъуэр щымытами, ар усакIуэщ, усакIуэ дыдэщ, усакIуэ нэсщ. Абы и щыхьэту къэхьыпхъэщ КхъуэIуфэ Хь. и псалъэхэр:

«Адыгэ литературэм и къежьэкIэмрэ зыужьыкIэмрэ тепщIыхьмэ, шэч хэлъкъым абы нобэр къыздэсым къикIуа гъуэгум КIыщокъуэ Алим и лIэщIыгъуэкIэ уеджэ зэрыхъунум. Ди литературэр щызэфIэувэм КIыщокъуэм япэ ита щыIами (усакIуэшхуэ дыдэхэр яхэту), адыгэбзэ тхыгъэр, псом хуэмыдэу лирикэр, роман лIэужьыгъуэхэр, дунейпсо литературэ щапхъэхэм изыгъэтIысхьар, изыгъэувар, дунейпсо утыку изышар Алим и гуащIэм къыдэкIарщ. КIыщокъуэм и жьауэм щIэту лъэщу бэкъуащ литературэр. Алим и жьауэм щIэту абы иухащ ди лIэщIыгъуэ къуабэбжьабэр».

Зи псалъэ, гупсысэхэр къэсхьри, дяпэкIэ къыхэзгъэхьэнухэри сэ лекцэхэм къыщызгъэсэбэпхэращ, зи пэжагъым, шэч къызэтезмыхьэжхэрщ.

ЖытIэр псалъэ гъущэ мыхъуу, тхылъым и Iыхьэ щхьэхуэхэм деж дыкъыщытеувыIэнущ къыхэдгъэща тхыгъэхэм, ахэр щIалэгъуалэм тэмэму бгъэдэлъхьэным, егъэджыным хэкIыпIэ хуэхъухэм.

Зи творчествэм лъэныкъуэ куэдкIэ зиубгъуа, гъащIэм и плIанэпэ псоми удэзыгъаплъэ КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм къыпхугуэмыхыну щыщщ – и зы Iыхьэщ, ди литературэм и зыужьыныгъэр зыхуэдэр, ар здынэса гъунапкъэр къэзыгъэлъагъуэщ. КIыщокъуэм и тхыгъэхэм къахощ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр. Абыи и закъуэкъым. Алим и творчествэм и зыужьыкIам набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ дэтхэнэми хьэкъыу пхыкIынущ ди адыгэ художественнэ литературэм къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту.

Алим и тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэсауэ, томих хъууэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ 2004-2007 гъэхэм.

БАКЪ Зерэ,

профессор, 2014 гъэ.

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора

Подняться наверх