Читать книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова - Страница 8
Ди лъахэм я фэеплъ дахэ
(КIыщокъуэ Алим – 22.07.2014—29.01.2001)
ОглавлениеДунейм псы сефэу сытетыхукIэ,
Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.
Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,
НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.
Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,
И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд.
Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым
Си хэку нур хадэм и уэрэд.
(КIыщокъуэ А.)
«Алим, усэ зэхэплъхьэу япэ дыдэ гу щызылъыптэжар дапщэщ?» – жаIэу щеупщIам, мыпхуэдэ жэуап къитауэ щытащ: «Къуажэр зэхэкIри, иныкъуэхэр Джэрмэншык Iэпхъуэн хуей хъуащ. Абыхэм сызыдэджэгу си ныбжьэгъу цIыкIухэр яхэтт. Джэрмэншыкыр зы жыжьэ гуэрым щыIэу, зэикI абыхэм сахуэмызэжын си гугъэти, икъукIэ сринэщхъейт. Дунейм мыбыхэм сыт фэеплъ яхуэсщIыну жысIэри, гъыбзэ яхуэзусауэ щытащ „Къуажэм дэIэпхъукIхэр“ жиIэу. Абы щыгъуэ илъэсий-илъэсибгъухэм ситт».
Алим и творчествэ псор къапщтэрэ, зи гугъу тщIам нэс уIэбэжу уриплъэмэ, гурыIуэгъуэ мыхъуу къанэркъым лъапсэрэ лъабжьэрэ и тхыгъэхэм хуэхъуар къыздикIам. ЖытIэнуращи, хэку, лъэпкъ, лъапсэ, бзэ, хабзэ темэхэр кIуэцIрокI КIыщокъуэ Алим и творчествэ псом. «Бгы лъапэхэм деж» (1941) и япэ усэ тхылъым къыщегъэжьауэ и иужьрейм —«Щхьэлыкъуэм» (2001) – деж щиухыжу абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъу хъуам бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыщыIуэтащ ар. КъызэрыщыIуэтари темэм зригъэубгъу зэпытурэ, гупсысэр нэхъ куу, нэхъ жан, къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр нэхъ къулей ищI защIэурэ зэрекIуэкIар нэрылъагъущ.
КIыщокъуэ-усакIуэм и зыузэщIыныгъэм, адыгэ поэзием, псом япэу лирикэм зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтам и щапхъэщ хэку темэм ехьэлIа и философие лирикэр. Абы къызэщIеубыдэ усакIуэм и анэдэлъхубзэм къыщыщIэдзауэ псори: бзэри, хабзэри, тхыдэри, нобэ дызыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэри, пщэдей къэкIуэнури, н. къ.
Зы цIыху щхьэхуэм, зы лирикэ лIыхъужьым и гущIагъщIэлъхэмрэ лъэпкъым натIэ хуэхъуамрэ зэтехуэрэ, зэтемыхуэ дыдэми, зэпэгъунэгъуу пIэрэ? Хьэмэрэ Алим и усыгъэр зыхуэгъэпсар адыгэ лъэпкъым и къру закъуэхэрауэ пIэрэ? Къыдэпсалъэм, къыдэущийм сытхэр и гукъеуэ, сыт зыгъэгуфIэр, сыт зыгъэпIейтейр? Ди къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, усакIуэр зэикI псэуакъым и щхьэ закъуэм щхьэкIэ – и Iуэхур иригъэфIэкIуэн, игъэдэхэн щхьэкIэ.
КIыщокъуэм и лирикэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, зы жэщ-махуэм зэфIэувакъым. Ауэ, къэхутакIуэ куэдым гу зэрылъатащи, абы къару гуащIэ щигъуэтар зауэ зэманырщ, ар IупщI щыхъури 1946 гъэм къыдигъэкIа «Шум и гъуэгу» тхылъ телъыджэрщ. Дызытепсэлъыхь темэми зыщиужьар, КIыщокъуэм и творчествэм абы увыпIэ лъагэ щиубыдар а лъэхъэнэрщ. Хэку зауэшхуэ екIуэкIам цIыхубэм къыщахьа текIуэныгъэм гукъыдэжышхуэ къаритауэ, а текIуэныгъэр псом япэу зи фIыщIэу къалъыта компартымрэ абы и пашэхэмрэ уэрэд хуаIэту щекIуэкIам, зэрыгурыIуэгъуэщи, КIыщокъуэри лъэныкъуэкIэ щытакъым. Зауэ нэужь илъэсхэрщ «ЩIалэгъуэ щIыналъэ» (1948), «Партыр ди пашэу» (1953) усэ тхылъхэр дунейм къыщытехьар. Ауэ сыт хуэдэу зэманым зимыхъуэжами, Алим и хэкум, и лъапсэм, и бзэм, и лъэпкъым зэи епцIыжакъым, Iужажагъэ хэлъуи зы усэ итхакъым.
«Си щIыналъэ», «Адыгэ хэку», «Зеич лантIэ», «Ди унэжь», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми», «Кхъужьей къудамэ»… Сыт хуэдиз усэ телъыджэ КIыщокъуэм и гущIэ лъащIэм къиIукIрэ и лъым хэлъ мафIэ пщтыркIэ псыхьауэ и адыгэщIым тыгъэ хуищIар! Ахэр ди лъахэм я фэеплъ дахэщ, къэбэрдей литературэр зэрыгушхуэнщ, лирикэ нэсым я щапхъэщ.
Дэтхэнэ усакIуэми, къалэмыр IэщIэлъыху, и гъащIэм щигъафIэ, зэи къыIэщIэмыужагъуэ образ къыдогъуэгурыкIуэ. КIыщокъуэ Алим дежкIэ ар, гу зэрылъытэгъуафIэщи, лъахэращ. Къытригъэзэжурэ тетхыхьми, усакIуэм зыщигъэнщIыркъым и лъахэм, и псалъэм хэкIыркъым ар. Псом хуэмыдэу иужьрей зэманырт а образыр Алим и нэгу щIэмыкI щыхъуар. ЗэрыщIэмыкIри дапхуэдэут? Нэхъапэхэм псалъэ инхэмкIэ Хэку иным зыхуэзыгъазэу щыта усакIуэшхуэм «Хэку цIыкIу» жыхуаIэм фIэкIа Iуэху иIэжтэкъым, и псалъэм етIуанэт «Щхьэлыкъуэр». Мыпхуэдэ къыщIэдзапIэхэрщ яIэр, псалъэм папщIэ, абы и усэщIэхэу, тIэкIу нэхъ пасэу итхахэри ящIыгъуу, «Щхьэлыкъуэ» тхылъым хыхьахэм:
Сыкъыщалъхуауэ сэ си къуажэр
ПщIыхьэпIэм хуэдэу нэгум щIэтщ.
Хъыбархэр жыгым къыполъэлъри,
Си гур Iэл хъуауэ къысфIолъэт.
(«Ди унэжь»)
«Щхьэлыкъуэ» жаIэм – ар дэ ди бзэщ,
«Шалушка» жаIэу зэрадзэкI.
Дэтхэнэр бзитIым я нэхъ лъэщыр?
МымащIэу тIури зэблокIуэкI.
Дауэгъуи сщIыркъым сэ а тIури,
БзитIым текIуэныр я нэхъ лъэщщ.
Ауэ си дежкIэ нэхъ текIуапхъэр
«Щхьэлыкъуэрщ», ар нэхъ сфIэзэпэщщ.
(«Щхьэлыкъуэ» жаIэм…»)
Сыжейми, си нэр зэтесхами,
Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу.
Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу пыщэщахэм
Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.
(«Сыжейми…»)
Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху,
Си къуажэ жыжьэр пщIыхьэпIащ.
Ди жыг хадэшхуэм сихутауэ
Балий къапыхур къэсщыпащ.
(«Ныжэбэ жэщи…»)
Лъахэр егъэлеяуэ фIыуэ зылъагъу лирикэ лIыхъужьым – усакIуэм къелъытэ абы и псым нэхъ IэфI щымыIэу, ар чэф ящI абы и удзымэм, абы и жыг хадэр жэнэтщ – уи балийри, уи кхъужьри, мыIэрысэри щыгъунэжщ; хэкум дыгъэм и бзийхэри щынэхъ уэрщ, пшэплъри щынэхъ дыхьэрэнщ, и уафэм вагъуэхэри щынэхъ гуэрэнщ… ЩыIэкъым, абы хуэдэ! Аращ усакIуэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэным нэхъ къалэн ин дунейм щIыщимыIэр, лъахэм псэр щIитыну хьэзырщ лирикэ цIыху пажэр.
ЗэрыжытIащи, и гупсысэхэр дапщэщи и хэкумкIэ къэгъэзауэ щытами, КIыщокъуэр и «хэку цIыкIум» – и адэжь и унэм псэкIи усэкIи «къыщетIысылIэжыпар» и ныбжьри хэкIуэтауэ узми къыхигъэзыхьу, хэку лъагъуныгъэ гуащIэ гъунапкъэншэр къыпкърыуэпарэ зыщыщIалъхьэжыну къыпэщылъ жылэжьым егъэлеяуэ къыхуэзэш щыхъуар «Щхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр щигъэхьэзыра иужь илъэсхэрщ. ИкъукIэ гурыщIэ куу къаIуатэу, и псэм и къабзагъэр щынэрылъагъуу, и гурыгъухэри (гукъеуэхэри) щыщIэмыуфауэ адэжь лъапсэм зэрызыхуигъэза псалъэхэщ Алим и иужьрей усэхэр. А усэхэм ящыщ зым абы щыжеIэ:
Си жьыщхьэ нобэ сыпхуэупсэм,
Псы IэфI исфари сигу имыкI.
Уэрэду си гум къопсэлъыкIыр,
Къуажэжьыр – си гум къошхыдыкI.
(«Сыжейми, си нэр зэтесхами…»)
Уэрэду и гум къипсэлъыкI, мычэму и гум къишхыдыкI къуажэжьыр – и лъапсэр ауэ сытми игъэфIэн, ар фIыщэу зэрилъагъур жиIэн къудейркъым КIыщокъуэр абы щIыхуэусэр. Пэжщ, а гупсысэр – лъапсэр, хэкур бгъэфIэну дунейм утетыху узэрикъалэныр Алим нэгъуэщI и зы усэми, абы и щхьэусыгъуэри IупщIу къыщигъэлъагъуэу, щыжеIэ:
Дэ махуи жэщи демызэшу,
ДыпIащIэ-тхъытхъыу къыдожыхь.
Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,
Дигу иримыхьыр хыдокухь.
Дунейм къутэхукIэ утетыну
Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцIэж.
ГъэлъапIэ жэщыр, махуэм хуэдэу,
Уи хэку дахащэр гъэлъэпIэж.
(«Ди хэку аргуэру къызогъазэ…»)
Ауэ а къалэн лъапIэм и закъуэкъым мы иужьрей усэ гупыр Алим итхын хуей щIэхъуар. «Хэкур сымыгъэлъапIэу хъунукъым» жыхуиIэ гупсысэм токIуэж «дунейр къутэжыхукIэ сыщымыпсэунукIэ, лъахэм гурыщIэу хузиIэр, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, къэзмыIуэтэныр ажалщ» жыхуиIэр. Ар щыболъагъу «Мывалъэ щIыпIэу дапщэ щыIэ…» усэм. Художественнэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къыщымыгъэсэбэпами, ауэ къызэрыгуэкIыу тхауэ къыпфIэщIми, уи гущIэр къызэригъэдзэкIыным, уи нэпсыр къыщIихуным хуэдизу куууэ, гум хыхьэу гъэпсащ усэр. Тхьэлъанэ пэлъытэщ усэр зэриух мы сатырхэр:
Дунейм псы сефэу сытетыхукIэ,
Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.
Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,
НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.
Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,
И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд.
Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым
Си хэку нур хадэм и уэрэд.
Куэдым урагъэгупсыс усэр зэриух сатыритIым: «Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым / Си хэку нур хадэм и уэрэд» жыхуиIэм. ЩIагъыбзэшхуэ ящIэлъщ абыхэм. Лирикэ лIыхъужьыр (усакIуэр), шэч хэмылъу, щогугъ и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ абы хуилэжьа Iуэхушхуэхэмрэ я хьэтыркIэ лъэпкъ тхыдэм къыхэнэну, и цIэр игъащIэкIэ ящымыгъупщэну, и «хэку нур хадэм» псэуху хузэхилъхьа уэрэдыр, езыр дунейм ехыжа нэужькIи, зэпадзыжу цIыхухэм яIурылъыну. Зи лъэпкъым батэр хуэзыгъэша, итIани ищIар зыфIэмащIэ нэхъыжь Iущщ, усакIуэ щэджащэщ апхуэдэу жызыIэфынури, жызыIэну хуитри. «Си хэку, сэ фIыуэ узолъагъу», жыпIэныр тыншщ. Ар жеIэ къалэм япэу къэзыщта ныбжьыщIэми. И хэкум и гъащIэри и гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщIа цIыхум, усакIуэм и гурыщIэ иныр къызэриIуатэр нэгъуэщIущ, КIыщокъуэ Алим хуэдэущ.
Зи гугъу тщIы усэ гупыр мыхэращ: «Мывалъэ щIыпIэу дапщэ щыIэ…", «Ди хэку аргуэру къызогъазэ», «Ди унэжь», «Щхьэлыкъуэ», «Сыжейми, си нэр зэтесхами…", «Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху…", «Си хэку нэхъ ини сыту сщIын?..», «Сыкъыщалъхуар мы щIыпIэрщ», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми…", «УцIыкIуу уи гум ибыубыдэр», «Зеич лантIэ», «Кхъужьей къудамэ», «Къэзгъэзэнщ сэ», «Гум къэкIыжхэр», нэгъуэщIхэри.
Къэтхьынщ жытIахэм я щапхъэ зыбжанэ, зи цIэ къитIуа усэхэм къахэтхауэ.
Псым уекIуэлIамэ, псы ефапIэм
Бжэнымэ тIэкIу къыщыпщIехьэж.
Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм
Hyp IэплIэу фIэлъу къагъэзэж…
ЩIакхъуэмэм хэтщи Iугъуэ мащIэ,
Уи нэм щIэмыбжьэу удехьэх.
Бжьыныху фIэдзащи уи пкIэунэм,
ДэкIуей пкIэлъейкIи ар къехьэх…
…
И щIыбым сису шыр согъэхъур.
Сыкъепсыхыну Iэмалыншэщ.
Дыгъэр къухьэхукIэ семыпсыхми,
МэгуфIэ сянэр – сыузыншэщ.
…
Мазэм и нурыр щхьэлым тепсэм,
Ар псы къилъэту къыпфIегъэщI.
Щхьэл мывэр вууэ щыджэрэзкIэ,
Къэпым илъ хьэдзэр къеунэщI.
…
Уэшхыпс къежэхыр зы чэнж дыдэщ,
Ухыхьэм уихьу щымыта.
Куэншыб идзыпIэ хъуащ аузыр,
Дэта щхьэлыжьри якъутащ.
Щхьэлмывэкъуэр сыт хуэдэу и теплъэр нобэ имыхъуэжами, япэм щхьэл мывэ щыхахыу щытарэ иджы а къуэм «мыхъуххэми удыхьэж», КIыщокъуэм и псэм хихкъым, абдежщ и сабиигъуэр щигъэкIуари. Дауи ирехъуи, жи, абы: «Пэслъыт уэ уи цIэм щремыIэ, уи дежщ сэ си лъэр щыувар».
ИгъащIэм поэзием, псом хуэмыдэу лирикэм, и къалэн нэхъыщхьэу къалъытэ зы цIыхум и гупсысэхэмрэ и гурыщIэхэмрэ зэгъэуIуа ищIу ар тхылъеджэм зэхегъэщIэныр, абыкIи эстетикэ арэзыныгъэу зыхуейр а тхылъеджэм егъэгъуэтыныр. Зы цIыхуи щыIэкъым, ар иремэкъумэшыщIэ, ирекосмонавт, зи хэкур, къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зымылъагъу, ар зи гум къимышхыдыкI. КIыщокъуэ Алим и усэхэм яхузэфIокI зым и гурылъыр щэм, миным ей ящIын, «мырати сэри си лъахэм хужысIэну сызыхуеяр, сыту дахэу си гум къипсэлъыкIа» куэдым жаригъэIэн. Лъахэм хужыпIэ хъуну зыри къимыгъанэуэ къыпщохъу усакIуэшхуэм. «Щхьэлыкъуэ» тхылъым ит усэхэр адэжь щIыналъэм щхьэкIэ абы и бын пэжым къыжиIэ «духьэщ», жыпIэми ущыуэнкъым.
Сыту пIэрэ КIыщокъуэм хэкум, бзэм, ажалыншагъэм теухуауэ япэм итха усэхэри «Щхьэлыкъуэм» щIыхигъэхьэжар? Тхылъыр нэхъ Iув ищIыну арат хьэмэрэ?.. Шэч хэлъкъым, усакIуэм и иужьрей сборникыр щызэхилъхьэм, ар куэдрэ гупсысащ. Абы зы ищIащ ящIэлъ гупсысэхэмкIэ зэпэгъунэгъу, зэпэджэж тхыгъэхэр – тхылъым къыщызэщIикъуэжащ лъахэр зыхуэдэри, гурыщIэ IэфIу абы хуиIэри, абы хуищIэфауэ къилъытэри, и IуэхущIафэхэр, и цIэр зэрымыкIуэдыжынури къызыхэщ усэхэр.
Дэтхэнэ зы лирик нэсми хуэдэу, КIыщокъуэм и гъащIэми, и творчествэми зэгуэхыпIэ яIэкъым. Абы къикIуа гъащIэ гъуэгуанэ мытыншыр IупщIу уи нэгу къыщIыбогъэувэф, и IэдакъэщIэкIхэм укъеджа нэужь. Ар зэи тетхыхьакъым (пэсэрей зэманым екIуэкIа гуэрхэм я гугъу и прозэм щыщищIым нэмыщI) и нэкIэ имылъэгъуа, и псэкIэ зыхимыщIа, зымыгъэгупсыса, зымыгъэнэщхъея, зымыгъэгуфIа Iуэху. КIыщокъуэм и гупсысэр инщ, езым и гъащIэм ущхьэдигъэплъыхрэ дуней псом зыщыуигъэплъыхьу, уигу ирихьынуи, иримыхьынуи плъагъур зэрыуигъэгъэзахуэрэ, захуагъэр, дахагъэр абы зэрыщытепщэр хьэкъ къыпщищIу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, КIыщокъуэм нахуэу къиIуатэ и гурыгъу-гурыщIэ псори апхуэдизкIэ мыхьэнэ зиIэхэщи, гъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэшхуэхэм япыщIащи, куэдым ейм ахэр поджэж. Абы къыхэкIкIи и псалъэр бэм я гумм дохьэ. Апхуэдэ къару зиIэ лирикэрщ лирикэ нэсыр, апхуэдэ Iэзагъэ зыбгъэдэлъ усакIуэрщ усакIуэшхуэр.
Хэкум щхьэкIэ ятхауэ дунейпсо поэзием хэт усэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу плъытэ хъунущ КIыщокъуэ Алим и «Зеич лантIэр». Ар зи гум дэмыхьэ адыгэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Усэр тэмэму зэпкърыхауэ ди пащхьэ зы критикми кърилъхьакъым. «Адыгэ литературэр зэраджын тхылъ» жиIэу 10-нэ классым папщIэ къыдэкIам итщ усэр зэрыщыту. Ауэ абы тхылъыр зэхэзылъхьам хужиIэр псалъэ зыбжанэщ: «Хэкум теухуа гурыщIэ къабзэхэр къыщыIуэта усэ нэхъыфIхэм ящыщщ… УсакIуэм и Адэ щIыналъэр Iуэхугъуэ зыбжанэм ирегъэщхь, и щхьэр абы лъахъшэу хуегъэщхъ, и псэри и гъащIэри щхьэузыхь хуищIыну хьэзырщ…».
УсакIуэшхуэм, зыкIи къэмыланджэу, къеIуатэ и лъахэм хуиIэ гурыщIэ къабзэр. «Зеич лантIэу гъэшыгъуафIэ» щIыжиIэри ещIэж. ДэнэкIэ «уаIуантIэми» хъууэ, уи щIым урахуми хъууэ (ИстамбылакIуэм щыгъуэ) щхьэ ущыт си хэку, жи. Щхьэ сэри пцIыупсхэр къыстебгъэгуплIэрэ, жи. Ауэ щыхъукIи, сэ уэр папщIэ сымыщIэн щыIэ, жи. Апхуэдэущ дэ къызэрыдгурыIуэр «зеич лантIэ гъэшыгъуафIэ» сатырыр, езы усэр.
Лирикэ лIыхъужьым, и уасэр ищIэжми, тхьэусыхэ щIыкIэу, а усэм щыжеIэ:
Къурш псы уэру сыкъехуэхми,
Си адыгэ хэку,
Пшахъуэ налъи пщыщ исхакъым,
Си адыгэ хэку.
Абы, зызэтреубыдэжри, и лъахэм хуеIуатэ и гущIагъщIэлъыр – зэрыхуэхъуфынур, зэрыхущытыр:
Уи жьэгу мафIэ щыужьыхым,
Си адыгэ хэку,
Дэп жьэражьэ сыпхуэхъункъэ,
Си адыгэ хэку.
Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,
Си адыгэ хэку,
УIэгъищэу зыхызощIэ,
Си адыгэ хэку.
КIыщокъуэм и усэ гупым, Щхьэлыкъуэм – и "хэку цIыкIум" —теухуахэм IэкIуэлъакIуэу къыщыгъэсэбэпащ художественнэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр, псом хуэмыдэу метафорэ шэрыуэхэр, къэгъэпсэуныгъэ къарууфIэхэр, зэгъэпщэныгъэхэмрэ эпитетхэмрэ. Абыхэм тхыгъэхэр щIэщыгъуэ икIи гукъинэ ящI. Сыт хуэдэ, псалъэм папщIэ, "Зеич лантIэм" къыщыгъэсэбэпа, усэм шхэпс хуэхъуа рефреныр: "Си адыгэ хэку" жиIэурэ къытезыгъэзэжыр. Езы "зеич лантIэу гъэшыгъуафIэри" зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ дахэщ.
Езыр зэгупсыс псори, игу къеуэри, игу щIыхэхъуэри, псэкIэ зыхы-уигъэщIэфу игъэпсащ Алим и усэ псори. Ностальгие жыхуэтIэм къыпкърыкIа усэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ абы и «Кхъужьей къудамэр». Мыри эпитетхэмрэ метафорэхэмкIэ гъэкъулеяуэ щытщ, ауэ псом ящхьэу абы хэлъыр усакIуэм абы щIилъхьэфа поэтическэ къарурщ – пэжыгъэрщ, гурыщIэ къабзэрщ. Хэтыт зыщIэнур, мы усэр мыхъуамэ, КIыщокъуэ Алим къызыщыхъуа пщIантIэм ар и сабиигъуэм щыгъуэ зи щхьэкIэм фIэса кхъужьей дахэ дэтауэ? Псоми диIэщ лъапсэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэж апхуэдэ нэщэнэ гуэрхэр. Кулиев Къайсын, псалъэм папщIэ, и бзэм пылъу щытащ «ди пщIантIэкум ит бжей жыгыр», «ди мэз лъапэм щыплъыжь зейр», жиIэу. КIыщокъуэми и адэжь лъапсэр ди нэгу къызэрыщIигъэувэ, езыми игу зэригъэфIыж сурэтщ кхъужьей жыг щхьэ баринэр.
Усэм къызэрыхэщымкIэ, лирикэ лIыхъужьыр (усакIуэр) зыхуеи зыхуэныкъуи щыIэкъым а я кхъужьеижьым и зы къудамэ, тхьэмпэ пыту, илъагъуну фIэкI. АркъудеймкIэ къыбгуроIуэ зи лъахэм къыхуэпабгъэ, къыхуэзэш цIыхум абы къыхуиIэ лъагъуныгъэм и инагъыр.
Сызыхуэныкъуэ сэ сыт щыIэ —
Данэм сыхэсми, сыхэхэсщ.
Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту,
Ди хэкум къиши къысхуэгъэс,
– мэлъаIуэ лирикэ лIыхъужьыр. «Данэм сыхэсми» жыхуиIэм къикIыр гурыIуэгъуэщ: «ХъугъуэфIыгъуэм сыщIигъэнами, сызыхуей псор згъуэтами, абы сыт и мыхьэнэ, уэ узимыIэмэ», – жиIэу аращ. А лIыхъужьым, дауи, и нэгу щIэтщ ди къурш абрагъуэхэр, ди мэз щхъуантIэхэр, ди псыежэх уэрхэр…«Кхъужъей къудамэм и гъусэнут / Псы уэр уэрэду си гъэфIэн. / Пшынэншэу къуршхэр къеуджэкIмэ, / Сахэт си гугъэу сыгуфIэнт», – къыщIыдыщIигъури аращ.
Мы дызытепсэлъыхьа усэ зыбжанэмкIи къыбгуроIуэ КIыщокъуэ Алим хуэдэу лъахэ темэр зыгъэбэтэфа усакIуэ куэд зэрыщымыIэр, абыхэм нэрылъагъу ящI ар анэдэлъхубзэм и къулеягъымрэ и къарумрэ, и дахагъымрэ и IэфIагъымрэ, и къабзагъымрэ шэрууагъымрэ Iэзагъэшхуэ хэлъу къэзыгъэсэбэп, зыхуей гупсысэр абыкIэ къэзыIуэтэф усакIуэ ину зэрыщытар.
КIыщокъуэм, и анэдэлъхубзэр зэрыкъулейри, зэрыдахэри и напщIэ телъу, ар зэрыхуэгъэшэрыуэми иригушхуэу, езыр зэрыусакIуэ гуащIафIэми, и цIэр лъэпкъым щымыгъупщэну гугъэ зэриIэми ирипагэу, мыпхуэдэу итхыгъащ:
Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,
Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.
Гъатхэ жылэу сахъумауэ
ЩIы вагъащIэм сыхэлъынщ.
(«Къэзгъэзэнущ сэ»)
Дэри ди фIэщ мэхъу ар ди гъащIэм зэрыхэтынур, лъэпкъ литературэм и вагъуэ нэхъ ин дыдэхэм зэрыщыщынур, а фIэщхъуныгъэ иныр езыми иIэу щытащи.
Мыбдеж дыкъыщытеувыIэпхъэу къыдолъытэ Алим и зы усэ, зыри темыпсэлъыхьауэ. «Си илъэсищэ» – аращ зэреджэр а усэм. УмыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым усэм пкърылъ философие гупсысэ иныр, щIэлъ щIагъыбзэ куур, усакIуэм и жыжьаплъагъэр, и щхьэр къызэрыщыхъужыр, къызыфIимыгъэIуэху хуэдэурэ езыр иужькIэ «къызэрыщыхъунури» къызэриIуатэр.
Куэд щIауэ жаIэ, псоми дощIэ усыгъэр зыгъэбжьыфIэр псалъэ гъэщIэрэщIахэм зэрамызакъуэр. АтIэ махуэ къэс къагъэсэбэп псалъэми, уеблэмэ псалъэ пхъашэхэми, усыгъэр ди гум имыкIын ящIыф. УсакIуэфIым мыхьэнэ куэд хелъхьэф дэтхэнэ и зы псалъэми. ЦIыху щхьэ закъуэм и гъащIэ дерсым адрейхэм зыкъыхагъуэтэжмэщ, искусствэм и къалэныр гъэзэщIа щыхъур. Усэ къарукIэ псэщIэ хэплъхьэфынущ гъащIэм и дерс зэхуэмыдэхэм. Лирикэр зищIысым, поэзием и мыхьэнэм урегъэгупсыс КIыщокъуэм и «Си илъэсищэ» усэм.
«МинитIрэ пщыкIуплI гъэр, си ныбжьыр илъэсищэм щынэсынур, къоблагъэ», – жеIэ КIыщокъуэм. ЗэрыжиIэри дапхуэдэу? А зэманыр ди нэгу къызэрыщIигъэувэри сыт хуэдэу?
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр —
А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.
Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ
Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.
Зэманым апхуэдэ лIыгъэ къылъыкъуэкIынкIи хъунущ, жиIэу аращ усакIуэм ахъумэ, дуней фIыгъуэр, «бжьыпэр зыIыгъхэм» къаIэщIихыу, «зыри зимыIэхэм» абы (зэманым) яIэщIилъхьэныр КIыщокъуэм и фIэщ хъущэркъым, щIэхъуэпс къудейщ. УсакIуэшхуэр нэгъуэщI зыгуэрхэми щIохъуэпс: «Я ней къыстехуэм, сагъэгумэщIу си ужь итари къэсэхыжынущ». УсакIуэм зи гугъу ищIыр гурыIуэгъуэщ, «Нал къутар» щхьэ птха, жаIэу щIэзытIэну хэтахэрщ. Апхуэдэхэм зэрытекIуари и усэ сатырхэм къыхощ.
Лирикэр зищIысым урегъэгупсыс мы усэ дызытепсэлъыхьым. ГурыщIэшхуэм, гупсысэшхуэм къагъэщIа усэщ «Си илъэсищэр». И гъащIэ гъуэгуанэ мытыншым ириплъэжу, и ныбжь зыдынэсари къыгурыIуэжу, зи щхьэм фIыуэ щIэгупсысыжа, и цIэр къызытенэну зыщыгугъ дунейми Iей зигу хуимылъ цIыхущ усэм хэт лирикэ лIыхъужьыр. И илъэсищэр къыщыс зэманым мыхэр къэхъунущ, жи абы, фIым я фIыжкIэ гугъэу: «Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIахынурэ зыри зимыIэм къылъагъэсынущ… Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу Си ужь итари къэсэхыжынущ».
АдэкIэ езым и Iуэху къызэрекIуэкIынкIэ хъунур, зыщыгугъыр екIуу къеIуатэ усакIуэм: «Нобэ щэ хъунут», – сэр папщIэ жаIэу, Iэнэ тIысыни хэкум исынущ… Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуами нэхъ мащIэ, Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ. IукIэ шхын къахьу, шырыр ягъашхэу, Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ».
ИтIанэ, нэхъ хэкъузауэ, усакIуэм и щхьэ и унафэ ещIыж». Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу сыкъыщалъхуа махуэм, жи абы, уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, псы къэмыжари (щхьэлыкъуэпс цIыкIурщ, дауи зи гугъу ищIыр) диным икIынущ. Апхуэдэ дуней къэхъунущ усакIуэр илъэсищэ щрикъу махуэм. Мы сатырхэри абы и щыхьэтщ:
Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,
А махуэм бзухэр абгъуэм исынкъым,
ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIэ уэрэдхэр
Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.
Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ
КъысщIихьэ закъуэм, сыкъэтэджынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.
«И щхьэ и унафэ ищIыжа» нэужь, усакIуэр аргуэру йогупсыс дунейм и къэкIуэнум, и лъэпкъ цIыкIум и Iуэхур зэрыхъунум. Дауэ щымытами, сыт щыгъуи фIым еджэн, пэплъэн зэрыхуейр мы псалъэхэм къаIуатэ:
А пIалъэм си бзэу сызэрыпсалъэр
Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.
Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм
Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.
Уэрэд къыхадзэм, зэрыгъэгушхуэу,
СхужымыIари къыпащэфынущ.
Бзэм папщIэ иIэ гурыгъузыр мыбдежи къыщыфIыдоуей усакIуэм. НэгъуэщI гурыгъузи абы щIыгъущ: щIалэгъуалэр нобэ мэкIуэд щхьэусыгъуэ IэджэкIэ, ар, ухуеймэ, лъэпкъыр зытхьэлэ фадэм телъхьэ, щхьэрыуауэ кIуэд ди щIалэгъуалэрауи, машинэ зэжьэхэуэуи щIы, сомыр зэпаубыду Iэщэ къащтэу зым адрейр зэриукIыжырауи жыIэ. «Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ», – сатырхэм къаIуатэ зи гугъу тщIыр. Усэр зэриухыжыр авторым ар къызэрыщIидза гупсысэрщ – Си илъэсищэр ягъэлъэпIэнущ, адэкIэ апхуэдэу, лъэпкъыр узыншэмэ, екIуэкIынущ, жыхуиIэрщ.
Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,
ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ,
– мыхэрщ усэм и яужь сатырхэр.
Литературэм и адрей пкъыгъуэхэм (эпос, драмэ) къагуэкIыу лирикэм и дэтхэнэ тхыгъэ щхьэхуэми Iэмал къуитыркъым конфликтым и щытыкIэ, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдыр бгъэтэмэмыну, ар щызэпкъырыпхкIэ. Конфликт (дунеймрэ сэрэ ди зэхущытыкIэр, ди зэхущытыкIэнур сыт хуэдэ, дауэ дызэгурыIуа хъуну? – жыхуиIэрщ) мы усэм лъабжьэ хуэхъуар. УсакIуэм и гумрэ и псэмрэ я шыбзэм щIэкIа лирикэ усэ купщIафIэу къыдолъытэ «Си илъэсищэр».
СИ ИЛЪЭСИЩЭ
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр —
А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.
Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,
Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.
«Нобэ щэ хъунут», – сэр папщIэ жаIэу,
Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,
Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.
IукIэ шхын къахьу шырхэр ягъашхэу
Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.
Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу
Си ужь итари къэсэхыжынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу,
Узэгугъуахэм уагъэгуфIэжу,
Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу
А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари —
Уафэри гъуагъуэу уэшхри къежэхмэ,
Псы къэмыжари диным икIынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.
Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,
А махуэм бзухэр абгъуэ исынкъым,
ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIа уэрэдхэр
Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.
Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ
КъысщIихьэ закъуэм сыкъэтIысынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.
А пIалъэм си бзэ сызэрыпсалъэр
Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.
Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм
Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.
Уэрэд къыхадзэм зэрыгъэгушхуэу,
СхужымыIари къыпащэфынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIырщ
Нэхъ къызэлIалIэу си гугъу щащIынур.
Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу
Игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ.
СафIэкIуэдынкIэ къысхуэгузавэу,
Си гузэвэгъуэр гъыбзэу жаIэнущ.
Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,
ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
БАКЪ Зерэ,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор,
«Черкес Хэку» газет,
2014 гъэ, бадзэуэгъуэм (июлым) и 19