Читать книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова - Страница 3
КIыщокъуэ Алим и гъащIэ гъуэгуанэмрэ и художественнэ тхыгъэхэмрэ
ОглавлениеСыжейми, си нэр зэтесхами,
Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу.
Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу пыщэщахэм
Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.
(КIыщокъуэ Алим)
1. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр 1914 гъэм июлым и 22-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Алим и адэ Пщымахуэ хьилмышхуэ иIащ, дин щIэныгъэфI бгъэдэлъащ. А зэманым мыдрисэрат адыгэхэм щIэныгьэ нэхъ къызыщIахыфыр. Пщымахуэ Адыгейм хыхьэ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм дэт мыдрисэм зыкъомрэ еджакIуэу щыIащ. Аращ Алим и анэ Куэз къыщицIыхуауэ щытари. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жиIащ адыгэм. Адэм и хьилмыр, Пщымахуэрэ Куэзрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр, цIыхугъэр я бынхэми къащтащ. Пщымахуэ сыт щыгъуи хущIэкъурт и бынхэм щIэныгъэ зэрыритыным.
Зэщхьэгъусэхэм Къэбэрдейм къагъэзэжри зэман заул дэкIауэ, 1914 гъэм, дунейм къытехьащ я щIалэ етIуанэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэшхуэ хъуар.
Алим и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ, 1974 гъэм, Москва къыщыдэкIауэ щытащ «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» («Вид с белой горы») тхылъыр. Абы тхакIуэм мыпхуэдэу щетх:
«Ди адэм щIалищ къыхуалъхуати, сэ сранэхъыщIэт. Нэхъыжьым Рашид фIащащ, абы кIэлъыкIуэм – Iэмин. Iэмин зы илъэсщ зэрыпсэуар. Сэ сыкъыщалъхуар 1914 гъэм июлым и 22-рщ, ар щызгъэбелджылыжар иужькIэщ – ди анэм и гукъэкIыжхэм тесщIыхьурэ».
И щIалэр еджэным зэрыхуэпабгъэм гу лъызыта адэм Алим цIыкIу щIэныгъэ игъуэтын папщIэ сыткIи дэIэпыкъуащ. Алим и акъыл зэрыубыдыгъуэм къицIыхуауэ щытащ къэбэрдей усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и ныбжьэгъуфI ЛIыгъур Ибрэхьимрэ. Ар къыщыхъуар 1926 гъэрщ, Алим Бахъсэн дэт школ-интернатым щеджэну щагъэкIуарщ.
Алим и гъащIэ гьуэгур зыубзыхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ ар Бахъсэн щыщеджа илъэсхэр – 1926—1931 гъэхэр, сыту жыпIэмэ абы и егъэджакIуэхэм яхэтт адыгэ усыгъэм и вагъуэ ЩоджэнцIыкIу Алий. И адэ Пщымахуэрэ Алийрэ я нэIэ щIэту ежьа псыпэр адыгэ литературэм махуэ хуэхъуащ.
И анэ Куэзи, езы Алим зэритхыжымкIэ, цIыху хьэлэмэту щытащ.
«Ди анэр Хьэкурынэхэ япхъущ. А унэцIэм хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Мыпхуэдэущ ар къызэрежьар. КIахэ къуажэ гуэрым бий къытеуащ. Бийм къуажэр зэрызэтригъэсхьэнум шэч къытрахьэртэкъыми, жылэр мэзым щIыхьэжащ. Зы фыз уэндэгъущ къыдэнар. Къуажэр щагъэсым, бийм заIэримыгъэхьэн щхьэкIэ, фыз уэндэгъур хьэкум ипщхьащ, абы илъхухьащ фызыр. Бийр ящхьэщыкIа нэужь, жылэр къыдыхьэжащ, фызыр мафIэм исауэ кърихьэлIэжащ, ауэ сабийм и псэ пытт.
Хьэкум иралъхухьа щIалэ цIыкIуращ Хьэкурынэхэ къызытехъукIар…», – щетх Алим «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» повестым.
Куэз икъукIэ унагьуэ Iуэхум хуэIэкIуэлъакIуэу, IэпщIэлъапщIэу, жьэрыIэзэрэ жьэнахуэу щытауэ жаIэжырт. Езыр къызыхэкIа лъэпкъкIэ абазэхэти, къызыхыхьа къэбэрдейхэмрэ къызыхэкIамрэ я хьэл-щэнхэм, IуэхущIафэхэм нэхъыфIу хэлъыр зэригъэкIурт. И анэм уэрэду, псалъэ шэрыуэу, къебжэкIыу, хъыбару куэд ищIэу зэрыщытам теухуауэ Алим итхыжащ:
«Сэ усэбзэм и IэфIым сысабий щIыкIэ гу хуэсщIамэ, таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ пасэу сыдахьэхамэ, ар зи фIыщIэр си анэращ».
1931 гъэм Алим Бахъсэн дэт еджапIэр къиухащ, абы щыхьэт техъуэ дэфтэрым зэрытымкIэ: «Предъявитель сего успешно окончил особую восьмую ударную ускоренную группу». А гъэм дыдэм Владикавказ дэт пединститутыми щIэтIысхьащ. Ар 1935 гъэм къиухри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ игъуэтауэ, и хэку къигъэзэжащ икIи адыгэбзэрэ урысыбзэрэ иригъаджэу Налшык щылэжьащ. ИтIанэ ар Москва макIуэри бзэ щIэныгъэмкIэ аспирантурэм щIотIысхьэ. Ауэ зы илъэс нэхъ дэмыкIыу къигьэзэжын хуей хъуащ, сыту жыпIэмэ, езым зэритхыжамкIэ, «унэм зым нэхърэ зыр нэхъ цIыкIуу шыпхъуитхур щIэст. Ахэр егъэджэн хуейт. Си анэм и закъуэ абы пэлъэщынт? Езы унэ дызыщIэсри щIыбышэ хъуат къэуэпэнкIэ уигъэшынэу. Къуэш нэхъыжьми дзэм къулыкъу щищIэрт. Арати, унагъуэ Iуэхум сыпэрыувэн хуей хъуащ».
1934 гъэм «КъаруущIэ» литературэ-художественнэ альманахым Алим и усэ зыбжанэ традзащ. ЩIалэм и художественнэ творчествэм и щIэдзапIэу ар къалъытэ.
1938 гъэм КIыщокъуэр Налшык дэт Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ- къэхутакIуэ институтым и директору ягъэув, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым дзэм къулыкъу щищIэну яшэ.
1938 гъэм 3-нэ классым папщIэ Алим зэхигъэувауэ дунейм къытехьащ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и япэ Iыхьэр. А гъэ дыдэм къыдэкIащ 2-нэ Iыхьэри, 4-нэ классым папщIэ жиIэу.
1939 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. А гъэ дыдэм «Нарт хъыбархэр» тхылъыр, ар хэлэжьыхьыжауэ къыдэкIыжащ.
1940 гъэм дунейм къытехьащ пэщIэдзэ классхэм папщIэ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и 1-пэ, 2-нэ Iыхьэхэр. КъинэмыщIу, 3-нэ, 4-нэ классхэм папщIэ хрестоматиехэр етIуанэу къыдэкIыжащ.
А лэжьыгъэшхуэхэм къадэкIуэу, утыку къэдмыщIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ еджапIэхэм яхуигъэхьэзыра тхылъхэм я гъэхьэзырыкIар. Ахэр зэрызэхэгъэувар нобэрей школ хрестоматиехэм хуэдэукъым – текст хьэзырхэр къищтэу зэрыхуейуэ тхылъым иригъэувэу. А лъэхъэнэм узыхэщыпыхьынышхуэ художественнэ лъэпкъ литературэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, езым урыс, хамэ къэрал классикхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыурэ, зэрынэхъыфIым хуэдэу, классхэм ятригуашащ. Мыр икъукIэ лэжьыгъэшхуэт. А Iуэхугъуэм и гугъу щытщIащ «V—XI классхэм папщIэ адыгэ литературэмкIэ программэхэмрэ учебникхэрэ я IуэхукIэ. 2 Iыхьэ. 9-11-нэ классхэр» ди тхылъым.
1941 гъэм дунейм къытехьащ КIыщокъуэ Алим и япэ усэ сборникыр – «Бгы лъапэм деж» зыфIищар. Ауэ, зэрыжаIэщи, тхылъым щыгуфIыкIыну хунэмысауэ, Хэку зауэшхуэм щIидзащ, икIи Алим абы яшащ.
КIыщокъуэр зауэм хэтащ. Хэтащ псэемыблэжу, и Хэкур ихъумэжу. Ар япэ щIыкIэ ротэм и командиру щытащ. ИужькIэ 115-нэ шу дивизэм – НацдивизэкIэ зэджэу щытам – хэту зэуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ зэрыусакIуэр, тхакIуэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, фронтым Iутхэм папщIэ къыдэкI «Сын Отечества» газетым щылэжьэну ираджащ.
ЗауэлI гъуэгуанэр къиухыу и унэ къигъэзэжа нэужьи, и псэм хэлъ литературэм и гур утIыпщауэ хуэлэжьэну ар хущIыхьэркъым. Зауэм зэхикъутахэр къэзыIэтыжын цIыху республикэр хуэныкъуэт. Арати, КIыщокъуэр щIэныгъэ IуэхухэмкIэ наркому ягъэув. Илъэс зытIущ докIри партым и Къэбэрдей обкомым идеологиемкIэ и секретару хах.
Лъэхъэнэ гугъум апхуэдэ къулыкъушхуэхэм закъыдэбгъахуэу литературэм уелэжьыныр тынштэкъым, ауэ къалэмыр игъэтIылъыжыркъым КIыщокъуэм усэщIэхэр етх, тхылъыщIэхэр къыдегьэкI.
2. Тхылъхэр. 1946 гъэм «Шум и гъуэгу» усэ тхылъыр Налшык, къыщыдэкIащ и тиражыр мини 5 хъууэ. Тхылъым и редакторыр Къамбий Хь.
1948 гъэм Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Алим сабийхэм папщIэ итхыжа таурыхъхэр: «Елбэздыкъуэ», и тиражыр мини 3 хъууэ; «Бажэ пшынэ», мини 5 хъууэ; «ЩIалэгъуэ щIыналъэ» усэ тхылъыр дунейм къытехьащ, мини 2 хъуууэ. «Бажэ пшынэр» 1982 гъэм, мини 10 хъууэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжауэ щытащ.
1949 – 1950 гъэхэм «Алъхъо» пьесэр «Къэбэрдей» альманахым и 3-нэ 4-нэ тхылъхэм къытрадзащ.
1950 гъэм Алим и щIэныгъэм хигъэхъуэну Москва макIуэ. А лъэхъэнэм КIыщокъуэм и Iэзагъымрэ и зэфIэкIымрэ заузэщI – тхыдэм, бзэм, эстетикэм нэсу щыгъуазэ хуохъу, тхэнуи нэхъ хущIыхьэгъуэ егъуэт.
1953 гъэм КIыщокъуэр республикэм и Министрхэм я Советым и председателым и къуэдзэу ягъэув. А гъэ дыдэм «Партыр ди пашэу» усэ сборникыр къыдэкIащ, 1955 гъэм – «Тисей» поэмэр. Мазэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIыу, 1956 гъэм, «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыр дунейм къытехьащ.
1957 гъэм тхын иухащ «Лавина с гор» фильмым и киносценариер. Ар Крепс Владимир и гъусэу итхащ.
Зыпэрыт IэнатIэшхуэхэм, цIыху куэдми яIущIэу зэрыщытым я фIыгъэкIэ усакIуэм гъащIэм нэхъыбэ хищIыкI хъуащ. Ауэ абыхэм къаруушхуэ тригъэкIуадэрт, и талантыр нэсу къызэкъуихынуи Iэмал игъуэтыртэкъым. Ар фIыуэ къызыгурыIуэж усакIуэр лъаIуэри 1959 гъэм къэрал къулыкъущIапIэм къыIукIащ икIи а гъэ дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIу ягъэуващ.
Къызэрыхэдгъэщащи, а зэманым ирихьэлIэу КIыщокъуэ Алим тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIат, «Хъуэпсэгъуэ нур» романыр и кIэм нигъэблэгъат, Совет Союз псом къыщацIыхуа усакIуэ Iэзэт. Апхуэдэу щыт пэтми, къулыкъущIапIэхэм къапэрыкIа иужьщ абы къыдалъхуа зэчийм зригъэшэщIыну къыщехъулIар. 1960 гъэм «Хъуэпсэгъуэ нур» романыр Налшык къыщыдэкIащ.
1961 гъэм курыт ныбжьым итхэмрэ нэхъыжьхэмрэ папщIэ Москва къыщыдэкIат Алим и «Живое седло» рассказыр, «Кавказская повесть» жиIэу. А гъэ дыдэм, Москва къыщыдэкIащ «Чудесное мгновение» («Хъуэпсэгъуэ нурыр»), Сергей Бондарин езы авторыр и гъусэу, зэридзэкIауэ, тиражыри мин 30 хъууэ. 1962 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэми ар къыщыдэкIыжащ, мини 5-м нэсу.
1964 гъэм Алим и «Мывэ хуабэ» усэ тхылъыр дуней къытехьащ. Лъэпкъ литературэм зегъэужьынымкIэ зэфIиха лэжьыгъэшхуэр къалъытэри Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и указкIэ къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр.
«Лиесма» (Рига) тхылъ тедзапIэ 1965 гъэм «Живое седло» рассказыр, 1966 гъэм «Путь всадника» усэ тхылъыр латышыбзэкIэ къыдигъэкIауэ щытащ.
1966 гъэм «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ» романыр. Налшык къыщыдэкIащ. Ар урысыбзэкIэ, «Зелёный полумесяц» жиIэу, 1967 гъэм Москва дэт «Советский писатель» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
1968 гъэм РСФСР-м Министрхэм я Советым и унафэкIэ «Бгыщхьэхэр жейркъым» дилогием – («Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ» романхэр) РСФСР-м М. Горькэм и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
1969 гъэм Расул Гамзатовым и «Мой Дагестан», КIыщокъуэм и «Зелёный полумесяц» тхыгъэхэр зы тхылъу «50 лет советского романа» библиотекэм хэту, «Известия» тхылъ тедзапIэм (Москва), къыщыдэкIащ.
1970 гъэм «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм (Москва) «Вершины не спят» романыр тхылъитIу къыдигъэкIащ: 1 – «Чудесное мгновение», книга первая. 2 – «Зелёный полумесяц», книга вторая. А гъэ дыдэми Ташкент узбекыбзэкIэ а тхылъхэр щытрадзащ. 1973 гъэм мы романыр иджыри зэ къыщыдэкIыжащ Москва «Советский писатель» тхылъ тедзапIэм. «Гайхамшигт эгшин» и фIэщыгъэцIэу мы романыр 1972 гъэм Улан-Батор (Монголиам) къыщыдэкIащ.
1968 гъэм «Гъуэгуанэ» драмэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ. I969 гъэм «Дамыгъэ» усэ сборникыр къыдэкIащ, и тиражыр 1500-рэ хъууэ.
1971 гъэм Душанбе, «Ирфоным», таджикыбзэкIэ «Ассолом» («Сэлам») жиIэу Алим и усэ тхылъ щытрадзащ.
1971—1973 гъэхэм «Щынэхужьыкъуэ» романым щыщ пычыгъуэхэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ.
КIыщокъуэ Алим СССР-мрэ РСФСР-мрэ я тхакIуэ союзхэм я правленэхэм я секретару хахри Москва Iэпхъуэн хуей мэхъу. 1971 гъэм ар СССР-м и Литературэ фондым и тхьэмадэу ягъэув икIи а къулыкъушхуэр зэрехьэ СССР-р зэтезыкъутэжа «перестройкэ» лъэхъэнэм.
Апхуэдэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ 1972 гъэм «Тепщэч къэзылъэтыхь» комедие-водевилыр зэритхар, 1972 гъэм «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыщIэ дунейм къызэрытехьар.
1973 гъэм «Нал къута» романыр урысыбзэкIэ Москва къыщыдэкIащ, зэзыдзэкIар В. Солоухиныращ, езы авторыр и гъусэу и бжыгъэр мини 100 хъууэ.
1974 гъэм «Вид с белой горы» повестыр тхылъ щхьэхуэу къыдэкIащ. (ар япэ щIыкIэ Москва къыщыдэкI «Знамя» литературэ журналым къытехуащ, нэхъ иужьыIуэкIэ, 1977 гъэм Москва «Современник» тхылъ тедзапIэм щхьэхуэу къыдигъэкIащ. Зэрытхар урысыбзэщ).
КIыщокъуэ Алим илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу къэрал тыгъэ лъапIэ къыхуагъэфащауэ щытащ.
1974 гъэм «Днипро» тхылъ тедзапIэм украинэбзэкIэ «Вершины не спят» тхылъитIыр дунейм къытригъэхьащ.
1975 гъэм Киев (Украинэм) дэт «Веселка» тхылъ тедзапIэм ику классхэм кIуэ еджакIуэхэм папщIэ украинэбзэкIэ къыщыдэкIа «Бойцы нашей батареи» сборникым Алим и рассказ хэхуащ, «Шляхами перемоги» («Путями победы») и фIэщыгъэцIэу.
Таллинн эстоныбзэкIэ, мин 15 хъууэ, 1975 гъэм «Живое седло» рассказыр къыщыдэкIащ. «Вага» (Литва, Вильнюс) тхылъ тедзапIэми мы рассказыр 1977 гъэм къыщыдэкIащ, мини 10 и хъууэ.
«Дружба народов» библиотекэм (Москва) 1976 гъэм «Сломанная подкова» романыр «Известия» тхылъ тедзапIэм, мин 200 хъууэ, къыдигъэкIат. Мыр зэрызыIэрыбгъэхьэфынур Iэ тебдзэурэт.
1977 гъэм Налшык къыщыдэкIащ Алим и «Батырыбжьэ» усэ сборникыр, и бжыгъэр мини 2 хъууэ. А гъэ дыдэм «Восход луны» романыр дунейм къытехьащ.
1980 гъэм «Вагъуэ махуэ» усэ сборникыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
«Грушевый цвет» романыр 1981 гъэм Москва дэт «Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ.
А зэманым ирихьэлIэу, 1981—1982 гъэхэм, «Художественная литература» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэкIэ щагъэхьэзырри къыдагъэкIащ КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр томиплIым щызэхуэхьэсауэ.
Алим тхылъитI урысыбзэкIэ тхауэ къызэринэкIащ: «Вид с белой горы» автобиографие повестымрэ «Восход луны» романымрэ.
1981 гъэм Ереван армяныбзэкIэ зэдзэкIауэ «Восход луны» романыр «Типография №6 Госкомитета Совета Министров Арм. ССР по делам издательств, полиграфии и книжной торговли» жыхуиIэм къыдигъэкIауэ щытащ. А гъэ дыдэм «Нал къута» романыр Минск белорусыбзэкIэ «Зламаная падкова» жиIэу, тиражыр мин 12 хъууэ, къыщыдэкIащ.
1981 гъэм «Вагъуэ махуэ» усэ тхылъыр иджылызыбзэкIэ (экземпляр 10 890-рэ), Москва къыщыдэкIащ. Зыгъэхьэзырар «Прогресс» тхылъ тедзапIэращ.
1982 гъэм Москва «Советский писатель» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ «Сабля для эмира» («Эмирым и сэшхуэ») романыр. Тхылъ бжыгъэр мин 30 хъурт.
Москва дэт «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм 1982 гъэм «Долина белых ягнят» жиIэу урысыбзэкIэ («Нал къутар»), напэкIуэцI 784 хъууэ, къыщыдэкIащ.
1983 гъэм «Нал къутар» Братиславэ (Словакием) «Сломена подкова» жиIэу, и тиражыр экземпляр 5500 хъууэ, словакыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ. «Дружба» серием хэту, къэзахъыбзэкIи къыдэкIауэ щытащ «Нал къута» тхылъитIыр.
1984 – 1986 гъэхэм «Тхыгъэ къыхэхахэр» томиплI хъууэ къыдэкlащ.
1984 гъэм, КIыщокъуэ Алим илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу телефильм трахауэ щытащ «Вид с белой горы» жиIэу. Телефильмым рецензэ хуитхащ Лебедев А. А гъэ дыдэм София, «Партиздатым» «Сабля для эмира» романыр къыдигъэкIащ, болгарыбзэкIэ зэзыдзэкIар Хаджиева Мариещ.
1984 гъэм и ныбжьыр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу КIыщокъуэм Ленин орден къратащ.
1987 гъэм Алматы и «Жазушы» тхылъ тедзапIэм Алим и роман «Сынфан тафа» жиIэу къыщыдэкIащ.
1988 гъэм, мини 5 хъууэ, Алим и усэ тхылъ («Усэхэр») дунейм къытехьащ. Зыхуэгъэзар еджакIуэхэрщ.
1989 гъэм КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу абы къыфIащащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр
1985 гъэм «Кхъужьыфэ» романыр адыгэбзэкIэ дунейм къытехьащ. 1986 гъэм «Литман анэ» поэмэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ.
1989 гъэм «Долина белых ягнят» трилогиер етIуанэу «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжащ.
1990 гъэм «Лъапсэ» романыр «Iуащхьэмахуэ» журналым и 2-6-нэ номерхэм къытехуащ.
Тхылъ щхьэхуэу «Лъапсэ» романыр 1994 гъэм Налшык къыщыдэкIащ. А гъэми Къандур Мухьэдин игъэува саугъэтымрэ медалымрэ Алим къыхуагъэфэщащ.
1994 гъэм хъыбархэр, рассказхэр, таурыхъхэр («Кхъэлэгъунэ», «Анка», «Аргъуей», «Лэчымэ», «ХьэщIэ лъапIэ», «Лыгъэ», «ВитI», «Хьэсэпэхъумэ», «ГущIэгъу», «Къалэн», «МелыIыч», «Бабыщыкъуэ адакъэпщ», «Кхъухь пхэнж», «Зи лъэрыгъыпс тIыгъа»), тхыгъэ 14 щызэхуэхьэсауэ «Хъыбархэр» тхылъхэр къыдэкlащ. КъБР-м и ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфащащ.
КIыщокъуэ Алим и ныбжьыр илъэс 87-м иту 2001 гъэм январым и 29-м дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьэжащ къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм.
2001 гъэм «Щхьэлыкъуэ» усэ сборникыр къыдэкIащ. 2004 гъэм Алим и тхыгъэхэр, томихым щызэхуэхьэсауэ, къыдэкIыу щIидзащ. Абыхэм щыщу I томыр – Усэхэмрэ поэмэхэмрэ – дунейм къытехьащ. 2005 гъэм 2-нэ, 3-нэ томхэр – «Хъуэпсэгъуэ нур», IыхьитIу зэхэлъ романыр, «Эмирым и сэшхуэ», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ» романхэр къыдэкIащ.
2006 гъэм 4-нэ томыр «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ» романхэр, 5-нэм тому, щхьэхуэу «Лъапсэ» романыр дунейм къытехьащ
2007 гъэм 6-нэ томым рассказ, повесть, пьесэхэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIащ
2009 гъэм «Лъапсэ» романыр урысыбзэкIэ къыдэкIащ. ЗэзыдзэкIар тхакIуэ, журналист Мэремкъул Ларисэщ
2009 гъэм сентябрым и 1-м Налшык къыщызэIуахащ КIыщокъуэ Алим хуагъэува и фэеплъ сыныр, ар зытрагъэува уэрамым и фIэщыгъэцIэ «Советскэр» «КIыщокъуэ Алим и цIэкIэ» жиIэу зрахъуэкIащ.
БАКЪ Зерэ,
профессор, 2014 гъ.