Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 10

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
УСЭ КЪАРУКIЭ БИЙР БГЪЭСУ

Оглавление

Усэ къарукIэ бийр бгъэсу,

Лъагъуэ насыпым хуэпщIат,

Уигу щыплъым уи Iэр нэмысу

ХэщIапIэ дэнэ щыпщIа?


И кIэм нэмысу уэрэдыр,

Дыщэ бжьамийри пкъута?

Лъым ила стиххэр ныкъуэтхыу

Бийм фIэауану къищта?


Зи адэ лIа щIалэу слъэмыкIыу

Уэ уи кIуэдыпIэр согъей,

Нэпс пщтырхэр щIагъэкIыу

Хъуащ къуэшхэр нэщхъей.


Нэпс Сэтэнейми и мащIэщ, —

Уэ уигъеину лъэмыкI,

УэркIэ ныбжьэгъухэр гумащIэщ, —

Я гум зы махуэ уимыкI.


Нарт и кIуэдыкIэр пхуэфащэт

Ер уэ уи натIэ щыхъуам.

СщIэркъым и гъуэгур уи мащэм,

СщIэркъым гуIэпIэ пхуэхъуар.


Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм,

Дамэр къутащи ешэщI,

Усэр зыгъэIур мыпсалъэм,

НэпскIэ уIэгъэр етхьэщI.


ЗэуапIэм лъыр пщIэжу уизгъуатэм,

ФIыцIэу си щIакIуэр птеспхъуэнт,

Си пкъым къинари зы джанэм,

УIэгъэр спхэну счэтхъэнт.


Уи гузэвапIэр сэ сщIатэм,

Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт,

Уэ ущышэскIэ шыр ятэм,

Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт.


Уи лъэрыгъыпсыр сэ сIыгъыу,

Шым сыдэжэни слъэкIынт,

Уэ усхъумэныр нэрыгъыу,

Сыт и гугъуехьи сшэчынт.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх