Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 20

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ПУШКИНЫР 1941 ГЪЭМ И НОЯБРЫМ

Оглавление

И бын гупсысэм ар хэту,

Площадь мывалъэм и дей

Тетщ Пушкин, жэщкӀи зэфӀэту,

Ар сэлэт плъырщи – мыхъей.


Хьэуам хэз хъуами сырымэр,

Ар зи къэмыскӀэу къоплъых,

Бгы мамырыгъэр ехъумэ,

И педьесталым къемых.


Къэсащ бийр. Уэгум имыхуэу

Мэзкуум кхъухьлъатэр щхьэщытщ,

И пащхьэм сатыр мыухыу

Зауэм кӀуэ дзэхэр щыблокӀ.


И бронзэ нэкӀур нызолъэ,

ЖыдоӀэр: «Пушкин, нэшэс!»

Россием и бынхэм къытхоплъэ,

И нитӀым щӀихьэу жьым уэс.


Мазитху гупсысэм ихьащи,

И щхьэцыр тхъуауэ къысфӀощӀ,

ӀэщӀэлъ тхылъымпӀэу шыхьари

Бгырыс жыр къамэу къысфӀощӀ.


Из тщӀынщ бий хьэдэр ди щӀапӀэм,

БиилъкӀэ сыныр дгъэжынщ,

МылӀэжыныгъэу хэщӀапӀэ

Пушкин хуэхъуами дыкӀуэнщ.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх