Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 14

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
СИ ФОЧЫМ IЭПЛIЭ ЕСШЭКIАУЭ

Оглавление

Си фочым IэплIэ есшэкIауэ,

Окоп блын щIыIэм зызогъэщI,

Гупсысэ хьэлъэр къыстеуауэ,

Абы сэ си гум ныхегъэщI.


Мэгубжь сигу Iэлыр, зешхыхьыж, —

Ди адэжь и унэм бийр щIыхьащ.

Лейзехьэр и щхьэм къыщотхъуж,

Си анэжьым гуауэр жьэхихьащ.


Нэмыцэр хуэму бжьэпэм докI,

Къурш щхъуантIэ дахэм щыту йоплъ,

ЩIыгу сыщапIами тетын лъокI,

Ар сыту хьэлъэ. Си гур къоплъ.


Ар бийм хуэздэнкъым, щIы уи фIэщ,

Абы и щIапIэм сынэсынщ,

Ди щIыгу къарукIэ сэ сылъэщщ.

А бийм сэ мащэр лъызгъэсынщ


1942 гъ.

ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх