Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 23

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ДЭ ДИ ШУХЭР ЩХЬЭМЬӀГЪАЗЭЩ

Оглавление

ЕкӀэ ди щӀым бийр къихьати

Сталин ди адэр къыдэджащ:

«Си щӀалэфӀхэ, Ӏэщэр къафщтэ,

Бий дзэ фӀыцӀэр къыттеуащ».


– Ей, ди шухэ, шым фышэсхэ,

Сталин жиӀэр зэхэфхам!

– Зэхэтхауэ жефӀэ ди адэм,

Сэшхуэ жанхэр дэ къитхащ.


Дыхьэзыркъэ дызэуэну,

Бийм ди лӀыгъэр едгъэщӀэнщ,

А фашистхэу дищӀ къихьахэр

Ӏэщэ жанкӀэ хэдгъэщӀэнщ.


Ди нэм къеӀэм и псэм деӀэу

Дэ игъащӀэм ди хабзащ.

Уэ зауапӀэм дибгъэхьэхукӀэ,

Бийм дытекӀуэу дыбгъэсащ.


Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ,

МафӀэу ди гур зэщӀэнэнщ,

ЩӀы уи фӀэщ уэ, Сталин лъапӀэ:

Бий дищӀ лъэщым къидмынэн.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх