Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 18

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
IV

Оглавление

УӀэгъэу сэ стелъым

Сихьынущ, си къуэш,

Уэ псэууэ укъонэ —

Насыпыр мыгуэшщ.

Ди щӀыпӀэм уихьэжмэ,

Бгы щхъуантӀэ къэлъыхъу,

Сэ си шым гъэ куэдкӀэ

Дамыгъэу иӀар

Бгы нэӀум щистхъащи,

УкӀуэжмэ, къэлъыхъу.

Си анэжьым ухуэзэм,

Изакъуэу жеӀэж:

Уи щӀалэу уи пажэм

И гъуэгур кӀэщӀ хъуащ…,

Хъуэпсэгъуэу иӀахэр

ӀэщӀыби ищӀащ.

КъищӀэнущ си анэм

Хъыбару хуэпхьар,

Игу махэм хыхьэнщи

Ар щэхуу къэгъынщ,

Ӏэ гъуркӀэ и нэпсыр

ИлъэщӀу пыхьэнщ.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх