Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 22

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ЩӀЫМ И МАКЪ

Оглавление

Зауае гуащӀэм и лыгъэу

Топышэ мафӀэр мэлъалъэр,

Ди хэку и щӀыхьыр, и лӀыгъэр

Нахуэ щыхъуну къэхъуакъэ.

Хы толъкъун макъыу зэхэфхыр

Хыр къэукъубейуэ аракъым —

Ар бомбэ къутэм и жьгъейхэр

Ди щӀыгум пщтыру толъалъэ.

Пшэ фӀыцӀэу Ӏуву нэщхъейхэр

Пшагъуалъэ махуэу аракъым.

Зауэшхуэ гуащӀэм и гъуэзыр

Мэз кӀыфӀу щӀыгум тенащ.

КъэуэхукӀэ бгыр гуэзыгъэзыр

Ар щыблэ макъыу аракъым:

Топ уардэ куэдхэр мэгъуагъуэ,

Ар гъатхэ щыблэу мэшхыдэ,

Къелъыхъур гуауэм и лъагъуэр

Псы уэр уэрэду ди тхыдэм

КъыщӀедзэр нобэ, си бынхэ!

Гум щӀыхьэу макъыу зэхэтхыр

Ар гуауэ гуащӀэм и гъыбзэу

Гъэр хъуау ягъэшыр цӀыхубзхэм.

Псышхуэ ежэххэр щӀэуэрыр

Къиуауэ псыжьхэр, аракъым,

Ар бийм ӀэщӀэхьахэм я нэпсыр

Ди псы губжьахэм къыхохуэр.

Емынэу хамэ къихьауэ

Мэзыхьэу ди щӀым щохущэ,

ДжэгупӀэ ящӀыр ди шыпхъухэр.

Тхъума ди мылъкур зэрепхъуэ,

Ди сабий цӀыкӀухэм ялъ пщтыркӀэ,

Я сэлэт лъыншэм йоӀэзэ.

Зи жьакӀэ тхъуауэ ди адэжъхэм.

Я нэр я жьыщхьэм топлъызэ.

Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ,

КъаукӀри пхыру къытохуэ,

Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр.

Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ,

Ди анэжь и унэм бийр йохьэ,

И нэм къыфӀэуэр зэщӀекъуэ,

ГъэунэхъуакӀуэр дищӀ къохьэ.

Нэмысыншагъэу къыдищӀэр,

Ди щӀышхуэм гуауэу щигуэшыр,

Кумб нэпкъым лъыуэ щыжэщӀыр,

Къуэм щызыукӀыр ди къуэшыр,

А гуауэм и цӀэр нэмыцэщ.

Лейр фымыгъэгъухэ, си къуэшхэ!

Ар зи гум икӀыр ди бынкъым,

Бийм емыуэфри дэ тпӀакъым.

Фи адэ лӀыжьым къывжеӀэ:

Шынагъуэр благъэ къыщыхъукӀэ,

Бгырыс бгъэ лъэгум и шырхэр

Къызэхуешэсри яжреӀэ:

«Ди абгъуэ лъагэм благъуэжьыр

Къыдэпщеину къопӀастхъэ,

Дыкъуакъуэу блэ шэрэз гъуэжьыр

КъытхиукӀэным щӀохъуэпсыр.

Филъ фыщымысхьу, си бынхэ,

Бгъэ абгъуэр благъуэм щыфхъумэ,

Фхъумэ фи щӀыхьыр, фи напэр,

Фи адэжь и унэ нэгъунэ».

Бгъэ зи щӀалэгъуэхэр мэлъатэ.

ЛӀыгъэншэ лъэпкъкъым фи адэр.

Шынагъуэр ди щӀым къихьащи,

Ди лъэпкъ зауэкӀэу фызауэ,

ЗауапӀэм, бийхэр щевгъазэ,

Андемыркъаным и сэшхуэр

Къыфхуигуэшащи, ар вгъабзэ.

Жэманшэрыкъхэм фышэсмэ

Фи лъэрыгъыпсыр тӀыгъынщ

ЛӀыгъэ зефхьэнум и шэсу

Хэкум и щӀыхьыр щытынщ.

КъывжиӀэр фи анэм мыращ:

Фи адэжь и лӀыгъэ фхуэсӀуатэу

Фэ илъэс Ӏэджэ фыспӀащ.

Фи джанэр жэщкӀэ фхуэсӀуэту

Ди Ӏуащхьэмахуэ и тхыдэм

ФыщӀэжеикӀыу щытащ.

Жэщ мащӀэ гущэр збгъурыту

Нэху сэ къыстещэу згъэщӀа?

Гугъу сыщӀехьари, си щӀалэ,

Мы нобэм хуэдэу зы махуэщ.

КъысфӀощӀ нысашэ узгъакӀуэу,

Си гъыни къокӀуэр, сошыӀэр.

Си Ӏэр дызолъэр уи щӀакӀуэм,

Аслъэным хуэдэу фызауэ,

Бий залым бзаджэр хэвгъащӀэ,

Бийм и гущӀыӀур вгъуэтауэ,

Хъыбар къэӀуну сопӀащӀэ.

Фэ фатекӀуауэ къэвгъазэм,

УэрэдкӀэ дыныфпежьэнкъэ,

УӀэгъэу гъуэгу къытевгъазэм

Фи шыпхъухэм фызэрахьэнкъэ.

Фи хьэдэ дымылъагъужмэ,

Фи гъыбзэр дэ фхуэдусынщ.

Фи шыпхъу фӀыу флъагъухэм къывжаӀэ:

Фэ фыщышэскӀэ Ӏэдэжу

Шыр вгъэдэсшэнкъэ, си дэлъхухэм,

Шы сокум данэ бэлътокур

Фэеплъу сэ фхухэсхщӀэнкъэ,

Фи ӀэщӀагъауэ фэ къызэвнэкӀхэр

Зыхуэдгуэшынкъэ зэшыпхъухэм.

ФӀылъагъуныгъэм, ди гъащӀэм

ФырихъумакӀуэщ, зауэлӀхэ.

Фэрщ дэ гурыфӀыгъуэу диӀэнур,

Ди хадэм, губгъуэм дыщиткӀэ,

Фэракъэ ди гум къэкӀынур.

Атакэ фыкӀуэу зыщифчкӀэ,

Фэ гъусэ ди псзр фхуэхъунщ.


              * * *

Ӏыхьлыхэм псалъэу жаӀахэр

Гуауэр зи джанэу ди щӀышхуэм

КъыфӀощӀ зауэлӀым жиӀауэ.

Шыщхьэмыгъазэу  ди шухэ,

Фи адэ-анэр, фи шыпхъухэр

ЗэрыфхуэлъаӀуэр зэхэфхрэ?

Шагъдий шы жэрым фытесу

Маисэу сэшхуэр фӀэщӀэлъу,

Филъ фыщымысхьу фашистхэм,

Щыблэ теуэкӀэу фатеуэ.

Мы зауэ гуащӀэм зи лӀыгъэ

ЩызыгъэӀуфым и тхыдэр

ЩӀы кӀапэ псоми щаӀуатэу

ЩӀым ар уэрэду иӀэнщ…


1941гъ.

ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх