Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 8
СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
УЭРЩ, ЗАУЭЛӀ ХАХУЭ, АР ЗЭДЖЭР
ОглавлениеГуфӀэу сабийхэр, ӀурыщӀэу
Псы Ӏуфэ тафэм щоджэгу,
Cыт къапэщытми ямыщӀэу
ГуфӀэгъуэр щӀэтхэщ я нэгу.
Жырыр жыр пхъашэм текъутэу
Хэт зыщӀэр зауэр щежьар?
ГъущӀым цӀыху къупщхьэр икъутэу
Зи нитӀым Ӏугъуэр щӀэбжьар?
Щхьэщытщ цӀыкӀу джэгухэм ажалыр,
Ар уфэразэу къокӀуэкӀ,
Уэгум бий бзаджэр щокъуалэр,
Къидзыну бомбэр къоплъэкӀ.
А напӀэ-зыпӀэм къэхъуахэр
Хэт иӀуэтэну лъэкӀын?
Нэмыцэм бомбэу къипхъахэм
Сабийр имыхьу хэкӀын?
Фашистыр уэгум къолъадэ,
ХамэщӀым гуауэр щегуэш.
Зигу кӀуэда анэм и хьэдэр
Къупщхьэ зырызу къещып.
Сабий джэгупӀэу а тафэр
ГуӀэпӀэ хэтым ищӀа?
Ӏэщэрщ, зыщӀынур унафэр:
Нэмьцэщ ахэр зыщӀар.
Хей цӀыкӀухэм я лъыр къыдоджэ
Дымыгъэгъуну а лейр.
Уэрщ зауэлӀ хахуэ, ар зэджэр,
Бийм кӀыфӀ хуэпщӀыну дунейр.