Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 9

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ЗЭУАПIЭ

Оглавление

Ерыщу лъабжьэр фIагъанэу,

Мыбдежым бийхэр итат,

Жыр Iэщэ Iэджэр къагъанэу,

Ар дэ удынкIэ Iутхуат.

Щытщ танкхэр, топхэр пэзазэу,

Уэсыр сытхъу хужьу тесащ.

Бий хьэдэ нэжьгъым уэс изу,

Иныкъуэр мафIэм исащ.

Шэрхъ закъуэу шыгур ещIауэ,

ПIийуэ уэс губгъуэм къинаи,

Уэс щIыIур фIыцIэ зыщIауэ

Гын Iугъуэ щIыгум тенаи.

Жьыбгъэр а щIыпIэм щоятэр,

Зауэм и шхахуэр есей —

Фийуэ бий хьэдэм толъадэ,

Хьэдэм хуеутхыпщIыр я цейр.

Бийр щIым ишэчыныр идакъым,

Ар абы и блыгу щIилъхьащ.

Хамэ насып хэт щIэкъуами

Ажалыр псынщIэу лъысащ.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх