Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 17

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
III

Оглавление

УӀэгъэу сэ стелъым

Сихьынущ, си къуэш,

Уэ псэууэ укъонэ —

Насыпыр мыгуэшщ.

Къум джафэм и махуэр

Дыгъэпсу хуэбейщ,

Бауэни слъэмыкӀыу

Лыгъаем щӀыр ес…

Ныбжьэгъуу си лъапӀэ,

Сыкъинэ мыбдеж,

Жыр Ӏэщэр сӀэщӀэлъу

ЗауапӀэм сигъэлъ.

Сэ си щхьэр бийм дежкӀэ

Хуэгъази уэ ӀукӀ…

Псы щӀыӀэу бгы щӀагъым

КъыщӀэжыр згъуэтамэ,

ЗызгъэнщӀу сефэнти,

Мы си Ӏуу гъущӀар

ЗгъэщӀытэм, сигу плъами

Хэлъ мафӀэр хэкӀынт.

Псы къииным и тхъумбэр

Сэ силъкӀэ утхъуамэ,

Си гуауэр толъкъунхэм

Нэпкъ псоми хуахьынт.

ДищӀ лъапӀэр ихъумэу,

КӀуэдакъэ жаӀэнт.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх