Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 24

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
УIЭГЪЭ

Оглавление

Топышэм щIыпцIэр кърихуау,

Къутахуэр си бгъэм къытехуат.

СIэщIэхущ си Iэщэр сэ абдеж,

Лъы пщтырыр си бгъэм, сыт, къреж, —

Къум псыншэр силъкIэ сэ согъэнщI,

ТкIуэпс плъыжьхэм удзыр яуфэнщI.

Топышэм губгъуэр зэхавау

Гын Iугъуэр дыджу щхьэщыуващ,

Мэзджызджыр ди щIыр, мэгумэщI,

УIэгъэр удзкIэ сэ солъэщI,

Къуэ кIуэцIым, нэпкъым щыуэр топщ.

Сэ си гур, миси зэгуоп,

Абы зэуэнкIэ зимыгъэнщI —

Къарур уIэгъэм сфIыхегъэщI.

ЗауэлI илъ зауэм щымыкIуэд,

БлэкIынщ иджыри махуэ куэд.

Удз тхьэмпэ плъыжьхэр кIуэдыжау,

НэгъуэщI нэхъ дахэу къикIэжау,

УIэгъэр дыркъуэу сэ сиIэнщ,

ИтIанэ дищIми мыр жесIэнщ:

«Уэ дэрэ дыркъуэ къыттенащ,

АрщхьэкIэ бийхэм датекIуащ».


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх