Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 26
На сайте Литреса книга снята с продажи.
СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ХЭТ ГЪАЩӀЭР ПЩӀЭНШЭУ ЗЫЛЪЫТЭР?
ОглавлениеХэт гьащӀэр пщӀэншэу зылъытэр?
Хэт дежкӀэ гъащӀэр уасэншэ?
ЩӀым дыгъэр дэни толыдэ,
Егуэшыр нурыр мардэншэу.
Лъысыныр гъащӀэр игъуэджэу,
ЩӀым хьэщхьэвылъэ щымащӀэт?
Дунейм къытехьэу а фаджэм
Хуэфащэт махуэ щигъащӀэм?
ГурыфӀыгъуэншэт а ящӀэр,
(Ар си гум илъи куэд лъандэ)
Псэун хуэмейхэр лӀэн папщӀэ
ЦӀыху гъащӀэ лъапӀэр токӀуадэ.
КӀыхьщ сабий зеиншэм и гуауэр
Сигу зэгуэуду си жагъуэщ,
Нэмыцэ псэууэ къэнауэ
Ди шыпхъу фызабэу щыслъагъукӀэ.
Кенигсберг 1945 гъ.