Читать книгу ШУМ И ГЪУЭГУ - Алим Кешоков - Страница 21

СЭЛЭТЫМ ИЛЪКӀЭ
ЖЭЩ

Оглавление

Жэщ дымыр къехуэх игугъэу

Хэт уафэм нур пкъо щӀигъэува?

Е Ӏэдиихухэм я щӀэщыгъуэу

Пшэм я Ӏэр халъхьэм яфӀэфӀа?


Е Сосрыкъуэ къэхъужауэ

Джатибл уэгу фӀыцӀэм щиӀэта?

Игу зэманыгъуэр къэкӀыжауэ

КӀыфӀыгъэр Ӏыхьэу ибзыта?


КъохъуэпскӀыр уафэр, зэм къогъуагъуэ.

ЩӀым псэ хыхьауэ мэкӀэзыз,

Щоунэху, щоуфӀынкӀыр уэгум вагъуэ,

Тенджызым хуэдэу мафӀэр изщ.


Пхъэ дзакӀэм хуэдэу зэщӀэнауэ,

Къохуэх кхъухьлъатэу а гъуэгъуар.

– Аращ хуэфащэр! – жаӀэр. КъыщӀэнакъэ

Фашист ерыщым и гугъар.


Аргуэру жэщыр дым мэхъуж.


ШУМ И ГЪУЭГУ

Подняться наверх